Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м къыдигъэкIа Указ №40-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэнымрэ ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Советым хэтхэм яхэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: Абазэ М. Хь. - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Каббалкптица» зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэр (зэрызэгурыIуам тету); Атэлыкъ А. А. - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Воентекстильпром» зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщыр (зэрызэгурыIуам тету); Жамурзаев С. М. - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Горянка» зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорыр (зэрызэгурыIуам тету); Зэгъэщтокъуэ Р. А. - «Россети Северный Кавказ - Каббалкэнерго» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету); Тумэ Р. Ш. - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Агро-07» зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэр (зэрызэгурыIуам тету); ХьэщIэлI М. А. - зи жэуаплыныгъэр зэхэгъэщхьэхукIа «Сириус-М» зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету); б) Къаздэхъу А. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэ» цIыхухэм IэнатIэ езыт щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщI» (зэрызэгурыIуам тету)»; в) Советым хэтхэм къахэгъэкIын Беккаев Хь. Н., Биттиров А. И., Зыхьэ Р. С., Къарэ М. А., Корольков А. Л., Курданов Р. Хь, Мэкъуауэ Т. А., ЛIэужь А. Б. 2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм жэпуэгъуэм и 2-м №87-УГ
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 14:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.04.2025 - 14:25 →
Сыт викингхэр щIэмыарэзыр?
24.04.2025 - 16:08 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
24.04.2025 - 14:44 →
Политикэм дихьэхыжыркъым
22.04.2025 - 10:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|