Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ. КъБР-м Къэрал мылъкумкIэ и комитетым лэжьэн щыщIи­дзащ, иужькIэ департаментым и директору щыщытащ «КъБР-м и эконономикэр зэтегъэувэнымрэ зегъэужьынымкIэ» программэм и административнэ комитетым. Илъэс зэмылIэужьы­гъуэхэм лэжьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министрым и къуэдзэу, иужькIэ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министру. 2014 гъэ ­лъандэрэ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIщ.

Поделиться: