Зэдэарэзыуэ къулыкъур къыхуагъэнэж

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ жэпуэгъуэм и 10-м зи мычэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар зытеухуауэ щы­тар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащ­хьэм республикэм и Правительст­вэм и УнафэщIу Мусуков Алий ягъэувыну къызэ­ры­хилъ­хьам и IуэхукIэ депутатхэм Iэ яIэ­тынырт.

КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэ­мэд зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Мусуков Алий лэжьыгъэм и пIалъэ зэрищIэр. «Мусуков Алий илъэс 20-м щIигъуауэ щIыналъэм и Правительствэм лэ­жьыгъэ щрегъэкIуэкI. Абы щыщу илъэси 10-м щIигъукIэ ар КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр IэнатIэм пэрытащ, апхуэдизи мэхъу ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIу зэрылажьэрэ. Абы и Iуэхум пищэну КъБР-м и Iэтащхьэм къызэры­хилъхьар дэфIыгъыну зы­фхудо­гъа­зэ», - жиIащ къэпсэлъам. 
Депутатхэм Iэ яIэтын и пэ, Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щигъэ­гъуэ­-   защ иужьрей илъэситхум щIыналъэм зригъэхъулIэфамрэ къэ­кIуэ­ну зэма­ным республикэм и Правительствэм игъэ­зэщIэну къалэн нэхъыщ­хьэхэм­рэ.
- Илъэситху ипэкIэ къалэны­ш­хуэ­-­хэр зыхуэдгъэувыжауэ щытащ республикэм и макроэкономикэм зегъэужьа хъуным ехьэлIауэ, - къыщIи­дзащ абы и псалъэр. - ЩIыналъэм къилэжьыр 2018 гъэм сом меларди 161-уэ щытамэ, 2024 гъэм и кIэм ар сом мелард 325-м щIигъунущ. Мэкъу­мэш IэнатIэм къыщIигъэкIыр сом меларди 110-рэ хъунущ (2018 гъэм ар сом мелард 49,4-рэ хъууэ арат). Инвестицэхэм сом мелард 35,5-м и пIэкIэ мы гъэм сом мелард 74,6-рэ къытхуахьынущ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр сом мелард 43-м нэсынущ (сом мелард 18,3-уэ щытамэ). Сатум къитынур сом мелард 325-м хуэдизынущ илъэсым и кIэм (зэрыщытар - сом меларди 127,5-щ).

ХуэдищкIэ нэхъыбэ хъуащ республикэм зыгъэпсэхуакIуэ къа­кIуэхэм я бжыгъэри. Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ пэрытыр, зи щхьэ хуэлэжьэжхэри яхэту, хуэди 2,8-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу лэжьапIэншэхэр нэхъ мащIэ тхуэщIащ, проценти 6-м нэскIэ. 2018 гъэм ­ебгъапщэмэ, апхуэдэхэр проценти 10,5-рэ хъурт. 2024 гъэм и кIэм, зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, республикэм тхьэ­мыщкIэу исыр процент 13,4-м нэскIэ дгъэмэщIэфынущ (2018 гъэм процент 24,9-рэ хъууэ щытащ). ЩIыналъэм езым и хэхъуэхэр сом мелард 20-м щIигъуну худогъэфащэ ды­зэрыт илъэсым и кIэм. УФ-м Фи­нансхэмкIэ и министерствэм гъэ къэс къы­зэрызыщIикъуэжымкIэ, ­КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ къэрал ахъшэр тэмэму къыщагъэсэбэп республикэ нэхъ пашэхэм илъэси 4 хъуауэ яхэтыр.
Мусуковыр къытеувыIащ цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI ящIынымрэ зыщIагъэкъуэнымрэ ехьэлIауэ зы­хуагъэувыжа къалэн псори зэрагъэзащIэм, дэIэпыкъуныгъэхэм, сабий ахъшэхэм, субсидиехэмрэ пенсэ­хэм­рэ гъэ къэс зэрыхагъахъуэ щIы­кIэм. Мы зэманым ирихьэлIэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къэрал дэIэ­пыкъуныгъэр щаIэрохьэ цIыху мин 270-м щIигъум. ХэгъэщхьэхукIауэ гулъытэ хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным. Къэпсэлъам къы­зэ­рыхигъэщамкIэ, КъБР-м и Прави­тельствэм адэкIи пищэнущ СВО-м хэтхэм зэрадэIэпыкъум, хэкIуэдахэм я унагъуэхэм зэрызыщIагъа­къуэм.
Зэман гъунэгъум я лэжьыгъэр зыхуаунэтIынум щытепсэлъыхьым, Мусуковым жиIащ 2030 гъэм ирихьэлIэу республикэм и промышленностым къыщIигъэкIыр хуэдищкIэ нэхъыбэ ящIын зэрыхуейр (сом меларди 180-м щIигъуу), мэкъумэш ­IэнатIэм къыщалэжьыр сом меларди 190-м зэрынагъэсыпхъэр. Республикэм ику иту къыщахь улахуэр сом мини 100 мынэхъ мащIэ хъун ­хуейщ, лэжьапIэншагъэр - проценти 4 - 4,5-м фIэмыкIыу. Мусуковым зэ­рыжиIэмкIэ, а псор къайхъулIэн щхьэкIэ, щIыналъэ бюджетым и хэхъуэр нэхъыбэ зэращIыным иужь итынущ. А Iуэхум ехьэлIауэ КъБР-м и Iэтащхьэм къалэн нэхъыщхьэхэр иубзыхуауэ щыIэщ. Абы епхащ хьэ­рычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ щIыналъэм зыщегъэужьыным ди экономикэм зи мылъку къыхэзылъ­хьэр нэхъыбэ щIыным теухуахэр.
Мусуковым къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительст­вэм­рэ я лэжьыгъэр щIэрыщIэу зэраублэжым ипкъ иткIэ, республикэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза Iуэхухэм зэгъусэу купщIафIэу зэрелэжьынум шэч къызэрытримыхьэр. 
Депутатхэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ Мусуковым. Ахэр зы­щIэупщIахэм ящыщт республикэм и псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр зыхэт гугъуехьхэр къызэрызэранэкIынум (псом хуэмыдэу цIыхухэр псымрэ газымкIэ къызэрызэгъэпэщам и IуэхукIэ), Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр щрагъэ­жьэ­жынум, школхэм егъэджакIуэхэр зэрахуримыкъум, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр спортым дегъэ­хьэ­хыным, улахуэр зыхуэдэнум, 2025 гъэм Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 зэрырикъур къэлъытауэ фэ­еплъхэр зыхуей зэрыхуагъэзэнум теухуахэр. А псоми Мусуковым жэ­уап пыухыкIа иритащ.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ «Урысей зэкъуэт» фракцэм и уна­фэщI АфэщIагъуэ Михаил, КПРФ-м и къудамэу республикэм щыIэм и унафэщI Пащты Борис, «Урысей зэкъуэт - Захуагъэм папщIэ» фракцэм и унафэщI Кебеков Владимир, ЛДПР фракцэм и унафэщI Без­годькэ Владимир, «ЩхъуантIэхэр» фракцэм и унафэщI Щхьэгъэпсо Сэфарбий сымэ, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщI къулыкъур зыхуагъэлъэгъуа Мусуков Алий ар зэрыхуэфащэр къыхагъэщу.
Абы теухуауэ депутатхэм зэдэа­рэзыуэ Iэ яIэта нэужь, Егоровэ Татьянэ Мусуковым ехъуэхъуащ: «Республикэм и пащхьэм ит къалэн мытыншхэр къывэхъулIэну дынывохъуэхъу икIи дыщогугъ щIыналъэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэмрэ Правительствэмрэ купщIафIэу дызэ­дэ­лэжьэну», - жиIащ Егоровэм.
- Жэуаплыныгъэ зыпылъ Iуэхум сызэрыпэрытыр нэсу зыхызощIэ. Си фIэщ мэхъу, къэралым и пашэм, ди щIыналъэм и Iэтащхьэмрэ цIыху­бэмрэ къытхуагъэув къалэнхэм, ди къару зэхэлъу деувалIэмэ, дазэ­рыпэлъэщынур. ФIыщIэ фхузощI фи дзыхь къызэрызэвгъэзам пап­щIэ, - жиIащ Мусуков Алий.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: