ПартыщIэ хьэмэрэ партыжь?

Урысейм щылажьэ партхэм иджыри зы къахэхъуащ. 1990 гъэхэм щыIа, илъэс 30-кIэ ужьыхыжа «Пивэр зыфIэфIхэм я партыр» щIэрыщIэу зэфIагъэувэж. Жэпуэгъуэм и 5-м абы и япэ съездыр Мэзкуу щызэхэтащ.

«Пивэ зыфIэфIхэм я партыр» (ПЛП) 1998 гъэм ягъэкIуэдыжауэ щытащ. Сыт ар щIэрыщIэу къыщIагъэщIэрэщIэжыр? ЛДПР-м пэщIагъэувэн зэгухьэныгъэ къалъыхъуэр пэж? А упщIэхэм я жэуапыр къэдгъуэтынкIи хъунущ, екIуэкIа я съездым щыжаIахэм дыхэплъэмэ.

Адрей парт псоми ещхьу, «пивафэхэми» къэралыр къыдахыжыну я мурадщ. Ауэ ар зрагъэхъулIэн папщIэ, нэгъуэщI дамыгъэ къагъэщхьэпэу аркъудейщ. «Сэ сыспорстменщ, пивэ сефэркъым», - жеIэ партым и унафэщIу съездым щыхаха Гришин Сергей. Я гимным уедаIуэмэ:

Дэ пивэ дофэ, дэ пивэ тфIэфIщ.

Пивэ уефэным лIыгъэшхуэ хэлъщ.

ЦIыху къэс и насыпым хуокIуэ,

Дэ ар пивэ дефэурэ къыдгуроIуэ.

Къэралыр ебгъэфIэкIуэн гукъыдэжри, зэгъусэу фIы гуэр зэбгъэхъулIэным ухущIэкъунри хъарзынэт, ауэ пивэр Iуэхум хэмыту щIэмыхъунур сыту пIэрэ?

ЦIыху щэ ныкъуэм щIигъу зэкIуэлIа мыпхуэдэ зэхуэс псоми Iуэхур къезыхьэжьам и дамыгъэхэр къызытещ футболкэ, блокнот, ручкэ хуэдэхэр ирагъэщI хабзэщ. Апхуэдэншэ хъуакъым «Пивэ зыфIэфIхэм» я съездри. Я гуапэ мыхъуар сыт жыпIэмэ, партыщIэ къызэрыхъуам е жьыр къызэрыщIэрэщIэжам и щыхьэту ЮстицэмкIэ министерствэр къэувыпхъэти, абы и лIыкIуэ зэхуэсышхуэм къагъэкIуакъым. Абы щхьэкIи къэмынэу, партым и унафэщIу зи цIэр ищхьэкIэ къитIуа, хьэрычэтыщIэ Гришин Сергей хахащ. Секретарь нэхъыщхьэр – политолог Калачёв Константинщ.

«Пивэ зыфIэфIхэм я партым» и тхыдэм уриплъэжмэ, ар 1994 гъэм къэунэхури, 1995 гъэм 21-нэ увыпIэм нэсауэ щытащ - а зэманым къэралым парт 43-рэ щылажьэрт. Ельцин Борис къыдэуву, ар Президенту хаха нэужь, партыр ягъэкIуэдыжат. Я цIэр къэрал политикэм щагъэIуным иджы аргуэру тогушхуэ, къадэзыIыгъхэри мащIэкъым.

Жэпуэгъуэм и 5-м екIуэкIа съездыщIэм щIыналъэ 49-м къикIа лIыкIуэхэр хэтащ. Абы къегъэлъагъуэ партым ифIэщу и къарухэр зэрызэригъэуIужыр. Парт зыфIэпщыжын папщIэ, нэхъ мащIэу цIыху 500 урикъун хуейщ. УФ-м хиубыдэ щIыналъэхэм я ныкъуэм ар къащехъулIакIэщ.

Къэунэхужа партым шэрыуэу тепсэлъыхьащ осетин депутат Дидаров Сослан: «ЩIызэрагъэпэщыжыр мыгурыIуэгъуэу, Мэзкуу иджыпсту «Пивэ зыфIэфIхэм я партым» и съезд щокIуэкI, - иритхащ абы и телеграм-каналым. - Кавказ Ищхъэрэм щыщу абы хыхьа республикэ закъуэр Осетие Ищхъэрэ - Аланиерщ. Пивэ ефапIэу ди гъунэгъу республикэ псоми яIэм нэхърэ нэхъыбэ дэ зэрыдиIэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, пэжщ. Ауэ си щхьэкIэ си гуапэ хъуакъым мы партым хэт республикэхэм я къебжэкIым ди щIыналъэр зэрыхэтыр. И цIэмрэ ар къызэгъэпэщыжын гукъыдэжымрэ парт жыхуаIэ Iуэхум щыдыхьэшх хуэдэу зэрыщытым и гугъу сщIыххэркъым».

ФIыщIэр хэт ейми, дэ дызыщыгуфIыкIыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зи цIэ къудеймкIэ уигу хэзымыгъахъуэ партми абы и лэжьыгъэм хэпщIэнми къызэрелар. Адыгейри, Шэшэнри, Ингушри, Дагъыстэнри яхэткъым «пивафэхэм» я партым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, мыбдежым тегъэщIапIэ хъуар чыристан диныр нэхъыбэу щызэрахьэ Осетием елъытауэ, мы республикэ псоми фадэм пщIэшхуэ зэрыщимыIэрщ.

АпщIондэху партым хэтхэр пивэр Iуэхум щымыщыххэ хуэдэущ зэрыпсалъэр. «Ди ипэрей къыхуеджэныгъэр зэрыщытар мыпхуэдэут: «Ди Iэнэм деж къыщыщIэзыдзэ экономикэм дрителъхьэщ, - жеIэ съездым къекIуэлIахэм яз Круссер Вячеслав. – Пивэр – цIыхухэр зэпсэлъэн папщIэ щхьэусыгъуэу аращ. Ар ирафыну зыри хэдгъэзыхьыркъым. Сэ езыр, мис, флъагъуркъэ, сызэфэр шэщ. Аращи, ди партым и цIэм пивэр къызэрыхэщыр пхэнжу къывгурыIуэн хуейкъым, ар дамыгъэу аркъудейщ».

Дыхьэшхэну мы Iуэхум хэтри? Партым «пивэ фефэ» жамыIэ дэнэ къэна, уеблэмэ «фадэ зыхэмыт пивэр» Урысейм нэхъыбэ щащIыну хуейщ, цIыхухэр фадэм имытхьэкъун папщIэ. Фи фIэщ хъурэ?

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться: