Зы псалъэм и тхыдэАдыгэбзэм хэт псалъэхэм я къэхъукIэм ехьэлIа тхыгъэ кIэщI цIыкIур и IэдакъэщIэкIщ филологие щIэныгъэхэм я кандидат КIуэкIуэ Лейла. «Кхъухьыр» «кхъуафэм» къыщожьэ Кхъуафэ псалъэм мыхьэнэуэ тIу иIэщ: 1) «кхъуэм траха фэ», 2) «псым зэрыщес». ЕтIуанэ мыхьэнэр нэхъ зыгъэбелджылыр кхъуафэжьей псалъэрщ (кхъуафэ цIыкIу). Мы псалъэм и япэ Iыхьэм къикIыр гурыIуэгъуэщ: псэущхьэ. Къэпщытапхъэр «фэ» псалъэрщ. Мыбдежым фэ-м къикIыр кхъуэр зэрыфыкI Iэнлъэ жиIэу аращ. Кхъуафэм хьэкхъуафэкIи йоджэ. Ари гурыIуэгъуэщ: Iэнлъэм иракIа псым хьэри хэфырт. Псым зэрытехьэ Iэмэпсымэр сыткIэ пыщIа кхъуафэм? Абы и жэуапыр зыщ: зэрещхьымкIэ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, хьэкхъуафэри кхъуафэжьейри адыгэхэм жыг лъэдийм къыхаIущIыкIыу щытащ – Iэнлъэхэр нэхъ жыг цIыкIухэм, кхъуафэжьейхэр - нэхъ жыгышхуэхэм. Зи кур къраIущIыкIа пхъэ гъумхэр икъукIэ Iэзэу псым щызэрахуэу щытащ хы Iуфэм Iуса адыгэ-абазэ лъэпкъхэм. Кхъуафэ псалъэм и мыхьэнэм зэрызиубгъуа щIыкIэм иджыри гулъытэ нэс хуамыщIу къокIуэкI. Унагъуэ хьэпшыпым и цIэр кхъуафэжьейм зэрыхуэкIуар телъыджэ егъэлеяуэ щыткъым. НэгъуэщI бзэхэми апхуэдэ къыщыхъуащ. Къатщтэмэ, урыс псалъэ лодка-р мыхьэнэкIэ епхащ датскэ олде-м. Мыдрейуэ, Iэнлъэ-р урыскIэ корыто-щ. Зэдгъапщэ псалъэхэм я мыхьэнэм зэрепх пасэрей славян (ладии), словак (ladja), норвег (olda), герман (altas), латин (alveus), урыс (лохань, корыто) бзэхэр. Хьэкхъуафэ псалъэм и мыхьэнэми зиубгъуащ. Абы къикI хъуащ «IэкIэ ящIа псыжапIэ» жыхуэтIэр. ЦIыху Iэпкълъэпкъми хуахь хъуащ мыр: «сыпщIэнтIащи, си щIыбхьэкхъуафэм псыр щожэх». Ауэ хьэкхъуафэ псалъэм кхъуафэжьейм и мыхьэнэр къыщIимыщтар гурыIуэгъуэщ: кхъуа-фэ – м «лодка» мыхьэнэр иубыда иужькIэщ хьэкхъуафэ-р къыщыхъуар. Псалъэм и кIэщIагъми мыбдежым мыхьэнэ щиIауэ къыщIэкIынущ. Кхъуафэ псалъэм и мыхьэнэр псым зэрытехьэ кхъуафэжьейм къыщыувыIакъым. Кхъуафэ инхэр псым къыщытехьэм, абыхэм адыгэхэр кхъухькIэ еджэ хъуащ. Мы иужьрей псалъэм хь (хьын) щIыхэтыр гурыIуэгъуэщ: «псым ущызезыхьэ» жыхуиIэщ. Мыбдежым фэ-м и пIэр хуэфащэу хь-м иубыдащ, сыту жытIэмэ зе-хьэ-н, зе-кIуэн мыхьэнэхэр япэ ищащи. Кхъухь псалъэр къэхъуа иужькIэ, кхъуафэжьейм и мыхьэнэр нэхъри убзыхуа хъуащ: кхъухьыр инщ, кхъуафэжьейр цIыкIущ. Профессор Яковлев Николай хуигъэфэщауэ щытащ кхъухь псалъэр кхъуэм къытекIауэ. Абы, дауи, шэч хэлъкъым. ЩIэныгъэлI Шагъыр Iэмин и псэлъалъэм кхъухь-р зыгуэрым триубыдауэ щыткъым, «къызытекIар гурыIуэгъуэкъым» щыжеIэ. Яковлев Николай гу зылъитар зэрытэмэмым щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIы псалъэхэм адрей бзэхэми щагъуэта увыпIэр зыхуэдэр. Къатщтэмэ, урысыбзэм икIыу нэмыцэбзэм хыхьа loddie (лодка) псалъэм, и мыхьэнэм зихъуэжри, кхъухь хьэлъэзешэ (грузовое судно) къикI хъуащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр мы зи гугъу тщIы псалъэхэм щагъуэтащ швед, норвег, нэгъуэщI бзэхэми. Кхъухь псалъэр, зэрытщIэщи, лъабжьэ хуэхъуащ кхъухьлъатэми. Урысыбзэми ар дыдэр къыщыхъуащ: «воздушноле судно». Зэрытлъагъущи, егъэщхьыным (метафорэм) къыхэкIыу къэхъуа псалъэхэм, фIэщыгъэхэм я зыужьыкIэм бзэ зэмылъэпкъэгъу куэд гъунэгъу зэхуещI, зэрешалIэ.
Поделиться:
Читать также:
10.11.2026 - 17:30 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
26.10.2026 - 16:04 →
Къафэр зи псэм хэлъ
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
| ||




