Фондым лэжьыгъэр ирегъэкIуэкI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым и Къэбэрдей-­Балъкъэр IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дадэ Му­Iэедрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ. 

«Фондыр дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм, абыхэм я унагъуэхэм, ветеранхэм защIэгъэкъуэ­ным толажьэ. ИкIи быдэу ядолажьэ муниципальнэ щIыналъэхэм, министерствэхэм, дзэ комиссариатхэм, Урысейм и МВД-м, МФЦ-м, цIыхухэр ­IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ центрым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. 
Фондым и къалэнхэм ящыщщ медицинэ и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщынри. Мы гъэм и мэлыжьыхьым щыщIэдзауэ дзэ Iуэхум хэта ветеранхэм я узыншагъэр къапщытэ, узыфэ гуэр зыпкърытхэм йоIэзэ, республикэ, федеральнэ сымаджэщхэм щIагъэгъуалъхьэри, я узыншагъэр щызэфIагъэувэж. 
Фондыр ди республикэм къызэрыщызэIуахрэ СВО-м хэта цIыху 14700-м зэрызыкъыхуагъэзахэм хэплъащ лэжьакIуэхэр, абыхэм ящыщу ­14000-м я Iуэхур хузэфIагъэкIащ, адрейхэм иджыри иужь итщ. ЦIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэр социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщын хуей щIыкIэрщ, дзэ Iуэхум хэта ветераным дэфтэр къызэрыдихынурщ, къратыпхъэ ахъшэр къаIэ­рыхьэжа зэрыхъунурщ. КъинэмыщIауэ, еджэну, IэнатIэ зэзыгъэгъуэтыну, зи псэукIэр зэзыгъэ­пэщыжыну хуейхэми зыкъыхуагъазэ.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым гулъытэ хэха ­хуещI щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымрэ тхыдэм и пэжыр хъумэнымрэ. Ди щIалэхэр - ветеранхэмрэ дзэ Iуэху хэхам къикIыжахэмрэ - школхэм, кол­леджхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм кIуэурэ щIэблэм йопсалъэ, я упщIэхэм жэуап ират, Урысей армэм хэтхэм я лIыхъужьыгъэхэр хуаIуатэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ къудамэм и Iуэху зехьэкIэр мызэ-мытIэу къилъытащ Къэрал фондым и Центральнэ аппаратым. ДяпэкIи а Iуэху щIэкIэм зэрызедгъэужьынум шэч хэлъкъым, - ­щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. 

Поделиться: