БэлэрыгъыпIэ диIэжкъым

    «Квадробер» цIэ гъэщIэгъуэныр зыфIаща сабийхэр дэ зыщIыпIи щытлъэгъуакъым, ахэр здэщыIэр Европэмрэ Америкэмрэщ жытIэурэ, зи гугъу тщIы «хьэлъакъуиплIхэр» Налшык уэрамми къыдэзэрыхьауэ къыщIэкIащ. 
   Нэхъыбэм ар интернет Iэмал къудейкIэ зэрагъэпэща видео нэпцIу хуагъэфащэ, адрейхэм я фIэщ мэхъу. Ауэ иджыри къэс ныбжьым дэкIуэдыну къытфIэщIа зэштегъэур ущытеплъэкъукъукIыпхъэ щытыкIэм зэримытыжыр пэжщ. 
    Иджы депутатхэмрэ юристхэмрэ Административнэ кодексым гуэдзэн хуагъэхьэзыр. ХьэлъакъуиплIу къэзыкIухь сабий къезышэкI адэ-анэхэм ахъшэ тезыру сом 1000-м щегъэжьауэ 4000-м нэс тралъхьэнущ. Зи гугъу ящIыр «квадробер» зыфIаща, псэущхьэхэм зрагъэщхьыным хуэерыщ сабийхэрщ. Апхуэдэр зыгуэрым едзэкъауэ е нэгъуэщI зэраныгъэ иритауэ щытми, и адэ-анэр ягъэтIысынкIи хъунущ. Сабийр илъэс 16 ирикъуамэ, хабзэм ирашэлIэнущ. Квадроберу ущытын хуитыныгъэр зэкIэ къызэпаудыркъым, ауэ я быныр апхуэдэ щIыкIэу зыгъэсэхъу адэ-анэхэмрэ анэшхуэ-адэшхуэхэмрэ мыбэлэрыгъын папщIэ, мы зэхъуэкIыныгъэхэр хабзэм къыхыхьэнущ мазитI-щым къриубыдэу. 
   «Зыбгъэделэным фейдэ нэхъ къыпокIуэ!» – иритхащ и телеграм-каналым ехьэкI-нехьэкIышхуэ зыхэмылъ дзэ журналист Кашеваровэ Анастасие. Ар зэгуигъэпащ Мэзкуу щызэбгратыкI хъыбарегъащIэхэм я зым «квадробер къыдолъыхъуэ, сом мини 150-рэ еттынущ» жызыIэ къазэрыхэхуам. Ауэ щыхъукIэ, физикэмкIэ егъэджакIуэм къыхуагъэлъагъуэр сом мини 100-щ. «ЦIыхухэр балигъыну, жэуаплыныгъэ зытрагъэхуэну, я гъащIэм и унафэ ящIыжыну хуейкъым, нэгъуэщIхэм зэрахьа щIэпхъаджагъэхэмкIэ езыхэм ейр ягъэзэхуэжыну хэтщ. УнафэщIхэм ящIэнур ящIэркъыми, пэжыр щIахъумэ. АпщIондэху акъылыншэхэр, сабиижьхэр, ныкъуэделэхэр нэхъыбэ мэхъу. Пэжщ, делэхэмрэ сабиижьхэмрэ зэбгъэдэIуэну нэхъ тыншщ». 
      ЦIыху щхьэхуэхэр дэзыхьэх зыхуэпэкIэм, псэлъэкIэм, кIэщIу жыпIэмэ, зыгуэрым зыпэщIыжын нэрыгъым уригузэвэн хуэдизу зыщиубгъум деж, абы тепсэлъыхьын щIадзэ. «Квадробер» цIэ гъэщIэгъуэныр зрапхыр зэрыцIыхур зыщагъэгъупщэу, джэдууэ, хьэуэ, аслъэну, къаплъэну е нэгъуэщI псэущхьэу захуэпэным, шхэным, кIииным, пщIэуным тегушхуэ сабийхэмрэ балигъхэмрэщ. Хэт щыцIыкIум хьэрэ джэдууэ щымытар, абыхэм я фащэ щатIагъэурэ мыджэгуар, маскэ зыIузымылъхьар?! ИлъэсыщIэм епха зыгъэщIэрэщIэкIэ Iэмалхэм зыри иригузавэркъым, ар зэрыгушыIэр ящIэри. Ауэ ди щIыпIэхэм зэкIэ щымащIэу щытми, я бынхэм я зыщIыкIэм къигъэуIэбжь, абыхэм япэлъэщын папщIэ дэIэпыкъуэгъу къэзылъыхъуэ адэ-анэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Псэущхьэхэм зыпащIыжу дунейм тетыным тегушхуэ балигъхэри щыIэщ, абыхэм ещхьу хуэпауэ школхэм екIуалIэ еджакIуэхэри ялъэгъуащ.  
    Хэт тралъхьэу щытми, ныбжьыщIэхэр дэзыхьэха псори нэхъ хуиту ипэкIэ щыкIуатэр гъэсэныгъэр дэчыхыныгъэ зэфэзэщу къащыщыхъу унагъуэхэрщ. Ауэ нэхъ сакъхэм зэрыжаIэмкIэ, псэущхьэхэм зэрызыпащIыжыр хабзэкIэ хуит ямыщI мыхъумыщIагъэхэм гъэпщкIупIэ яхуохъу. Дэ дыцIыхукъым, дыпсэущхьэщ жызыIэхэм зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэр яIэщ. 
    Квадроберхэм куэдкIэ къащхьэщыкIыркъым «фурри» зыфIэзыщыжхэри. Уеблэмэ языныкъуэ депутахэм а тIури цIыхум хуэмыфащэу гъэувауэ, хабзэкIэ зэпыудын хуейуэ къыхалъхьащ. «Фурри»-кIэ зэджэжхэм Iэмал имыIэу цыхэкI щыгъын гуэр зыкIэралъхьэ, псэущхьэм нэхъ ещхь ищIу. ЗызыпищIыж хьэкIэкхъуэкIэм ещхьу шхэуэ, ар зэрыжейм хуэдэу жейуэ, ар щыпсэу, щыгъуэлъ, щытэдж щIыпIэхэр и псэукIэу егъэув. 
    Квадроберхэм къэрал хабзэкIэ уащIыпэщIэувэн шынагъуэ щыIэкъым жызыIэ адэ-анэхэм я щхьэфэцым зиIэтынущ, я сабийхэр зыхэт интернет гупхэм щатхым къеджэмэ, - жеIэ  мы зэщIэхъееныгъэм нэхъыбэрэ тепсэлъыхь Тэтэрстаным и омбудсмен Волынец Иринэ: «Квадробикэ зэщIэхъееныгъэр къагъэсэбэпурэ, сабийхэр гуп мыхъумыщIэхэм хашэ, икIэм-икIэжым мыхъумыбзхэм ящыщ хъууэ. «Фурри» зыфIэзыщыж абыхэм я нэгъуэщI къудамэм зыхэзыбжэхэр хуэм-хуэмурэ сабийхэр къагъапцIэу зыгъэулъий цIыху мыхъумыщIэхэм яIэщIохуэ. А псоми къэпщытакIуэхэр щыхьэт техъуауэ бжыгъэхэр утыкум илъщ. Мы сабийхэр джэгуу аракъым. Псо дыдэри жамыIэж щхьэкIэ, квадроберхэм цIыхухэм уэрамым зыщрадз, йодзакъэ, фэбжь тралъхьэ. «Субкультура» жыхуаIэ апхуэдэ гуп гуэрым хэпщIа хъуа нэужь, сабийр цIыхуу къэнэным пэщIэувэу аращ. Сабий IыгъыпIэм бажэ цIыкIуу е тхьэкIумэкIыхь цIыкIуу захуапэурэ щыджэгу къудеймэ, квадроберхэр псэущхьэ хъупауэ закъыщохъуж, уэри къыпщагъэхъуну хэтщ. Илъэс 16 - 17 хъуа ныбжьыщIэр джэдум ещхьу псэумэ, ар абы и узыншагъэм щыщIагъэ зэриIэм и щыхьэтщ, апхуэдэм психиатр хуейщ, фадэм е наркотикхэм ятхьэкъуахэм ещхьу». 
   Гу лърамыгъэтэн папщIэ, Iуэхум темыпсэлъыхьмэ нэхъ къэзыщтэхэри щыIэщ. Ауэ, зэрагъэхъыбарымкIэ, квадробер зэщIэхъееныгъэр сабиигъуэм деж щиухыркъым. ЦIыху балигъхэм хьэлъакъуиплIу къакIухьу уэрамым къыдохьэ, сэ сыхьэщ е сыкъаплъэнщ жаIэурэ, щIыкIэншэм къыщымынэу, зэраныгъэ куэд къыздахь. Ауэ зыми зыри ирамыщIэми, цIыхум сыцIыхунукъым, сыпсэущхьэнущ жиIэу къызэрыувыр узыщыгуфIыкIыпхъэ Iуэху? 
    Къэрал Думэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Лантратовэ Янэ жеIэ: «Къэрал Думэм цIыхухэр мыхъумыщIагъэм къыхуезыджэхэм, квадроберхэри яхэту, ямыдэным епха хабзэ егъэхьэзыр. 
Ар зыхуэгъэзауэ щытынур а Iуэхур дахэу зыгъэлъагъуэу абы къыхуезыджэхэрщ. «Гупышхуэхэр щыIэщ, ахэр дэ къызэрытфIэщIым хуэдэу хьэрэмыгъэншэкъым. Джэду тхьэкIумэ зытет сабийр абы тепсэлъыхьахэм дахьэхауэ аращ. Абы щхьэкIэ жэуап зыхьын хуейр адэ-анэхэракъым, а Iуэхум фIыкIэ къахутепсэлъыхьхэрщ», - жеIэ Лантратовэм. 
   А псори зытеухар теплъэрщ. Ауэ сабиигъуэ, ныбжьыщIэгъуэ нэрыгъыу зэманкIэ итхьэкъуу щытми, сыт цIыкIухэр мыпхуэдэ зэхэтыкIэм щIехъуапсэр? Психологхэм зэрыжаIэмкIэ, ар сабийм гу зылъригъэтэн папщIэ къигъуэт Iэмалу аращ. ФIырэ фIы дыдэхэм ялъэщIыхьэным гугъэ хихыжа нэужь, мыхъумыщIагъэ лъэныкъуэкIэ утыкум къихьэным тогушхуэ апхуэдэр. Зым мыхъумыщIэ фIэпщу щытми, пщIым ящIэр хабзэ мэхъу. Апхуэдэурэщ цIыхури цIыхубэри зэрыдэхуэхыр, аращи, зи гугъу тщIы «щIэр» къэщтэн хуейхэм ящыщкъым, адэ-анэхэри сабий гъэсэным епхахэри зыхуэсакъыпхъэщ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: