Адыгэ хабзэм щыщщ

ЩыIэкIэ-псэукIэм епха сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хуэгъэпсауэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр зыщIыпIэ деж итхауэ пасэрейм имыIами, IуэрыIуатэ защIэкIэ нобэм къихьэсащ адыгэм. Хамэм игъэщIагъуэ апхуэдиз Iущыгъэр тхьэхэм я тыгъэу къаIуэтэж хъыбарыжьхэм. Фи пащхьэ идолъхьэ зыужьыныгъэм тIэщIихауэ фэ зэтплъ хабзэ зыбжанэ.

Адыгэр хьэщlапlэ, хьэгъуэлlыгъуэ щыкlуэкlэ, шхэти кlуэрт. Iэнэухъуэнщlу ущытыныр емыкlушхуэт. Я ныбэ изми, я гъунэгъу екlуэкlауэ е гуп яхэхуауэ къэтlыси къыддэшхэ жаlамэ, хьэуэ къыхагъэкlыртэкъым. Ерыскъым зымащlэрэ хоlэбэри, итlанэ жаlэ зэрымымэжалlэр.

Нэхъыжьыр зыгуэркlэ къахуэупсамэ, пхъуэуи къыlахыртэкъым, куэдрэ зралъэфыхьуи щыттэкъым. Тlури емыкlущ.

Унагъуэм шхын щlэщыгъуэ ящlамэ, гъунэгъу lыхьэ хагъэкl. Гъунэгъуми фалъэ нэщl къратыжыркъым.

Адыгэхэр быдэу, къузгъуну зэи щытакъым, ауэ я уанэш, я пыlэ, зэрахьэ lэщэ зэи зыми ираттэкъым.

И хьэ, иш, къыщыгугъ lэщ зыхуей хуимыгъэзауэ, имыгъэшхауэ адыгэлl lэнэ пэрытlысхьэу шхэуэ щытакъым.

Адыгэлl шым тесу къуажэ уэрамым зэи жэрыгъэкlэ къыщижыхьыркъым. Шым тесу губгъуэм нэхъыжь щыхуэзэмэ, къепсыхырти, и шыр нэхъыжьым иритырт, шэсу здэкlуэм иринэсыну. Нэхъыжьыр шэсыну хуеймэ, щlалэм шым и шхуэlумрэ лъэрыгъыпсыфэ ижьымрэ иубыдырти, нэхъыжьыр игъэшэсырт. Нэхъыжьыр шэсыну хуэмеймэ, щlалэм фlыщlэ хуищlырт, езым абы и шы lумпlэмрэ лъэрыгъыпсыфэмрэ иубыдыжырти, игъэшэсыжырт.

Хьэщlэр гъэлъэпlэным, пщlэ хуэщlыным ехьэлlауэ адыгэхэм зэрахьэу щыта хабзэщ гъуэгудэгъазэр. Гъуэгуанэ здытетым ямыцlыху хьэщlэ къахуэзамэ, пщlэ зэрыхуащlыр кърагъэлъагъуэу, къагъазэрти абы бгъурыту кlуэрт, ягъэзэжыну къажриlэху.

Уэ узыщыгъуазэ гуэр къригъэжьауэ жиlэми, цlыхум абыкlэ зыкъыумыгъащlэу и кlэм нэс уедэlуэн хуейщ.

Умыцlыхуми, зыгуэрым сэлам къущихкlэ, lэмал имыlэу епхыжын хуейщ.

Цlыхуитl щызэрыбгъэцlыхум деж япэщlыкlэ нэхъыжьым, итlанэ нэхъыщlэм я цlэр къипlуэн хуейщ.

Хьэщlэхэр lэнэм шхэуэ щыпэрысым деж бысымри ядэшхэн хуейщ. Абыхэм ящыщ гуэрым етlуанэу кърилъхьэмэ, уэри зыдебгъэкlупхъэщ.

Хьэщlэ зыбжанэ уи унагъуэм къихьамэ, зым сыт щыгъуи удэуршэр хъунукъым, атlэ псоми зэхуэдэу уащlэупщlэн, гулъытэ зэхуэдэ яхуэпщlыныр хуейщ.

НэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкlа ныбжьэгъухэм, цlыхугъэхэм уащыбгъэдэсым деж зым къыгурымыlуэ бзэкlэ упсэлъэну екlуркъым, атlэ дэтхэнэми къыгурыlуэ бзэр къэбгъэсэбэпыныр нэхъ къозэгъ.

Фызышэм хэта хьэ­щIэхэр пщIантIэм щы­дэкIыжкIэ, абыхэм я шы сокухэм бэлътокуми IэлъэщI цIыкIуми хэгъэрей хъыджэбзхэм хащIэрт. Хабзэр Къэбэрдей псом щагъэ­защIэрт. Иджы бэлътокухэр, данэщагъэхэр шыхэм я пIэкIэ машинэхэм кIэращIэ.

Нэчы­хьытх къэкIуахэр щы­дэ­кIыжым и деж, бэракъым дэ пыIэ, дэ джанэ, щхьэфIэпхыкI, бэлъ­­­току, дыху, мажьэ, кIэнфет кIэры­щIауэ иратырт, здэ­кIуэж унагъуэм яхьыну. Абы зэреджэр бэракъблат. Щхьэ­гъусэ къэзыша щIалэм и адэ шыпхъум ар хьэзыру блауэ хьэ­гъуэлIыгъуэм къыщы­кIуэкIэ къыздихьырт. Нэчыхьытх икIыжхэм бэракъыр псоуэ яшэну хэтт, къахуэзэхэм ар трахыну яужь итт. Бэракъбла яхьу щытащ XX лIэщIыгъуэм и 50-60 гъэхэм къэсыху, дызэрыт зэманым абы узэрырихьэлIэр зэзэмызэххэщ.

Адыгэ Iэ­нэм ехьэлIауэ хабзэ зыгъэзащIэ цIыхущ бгъуэщIэсыр. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэ­лIы­гъуэ щекIуэкIкIэ, Iэнэм пэрысхэр, хьэщIэхэр зыхуей хуигъазэу абы егъэбыдылIа цIыхум аращ зэреджэр. Языныкъуэ куейхэм «бгъуэщIэсым» и пIэкIэ «щхьэгъэрыт» псалъэр къыщагъэсэбэп.

Унэишэм деж, нысащIэм ибгъу зырызымкIэ щыту, ар гуащэмрэ адрей цIыхубз нэхъыжьхэмрэ ятезыгъэхьэ бзылъ­ху­гъитIым «Пхъужь къафэм» щIидза иужь, бжьэрэ шхын тепщэч зырызрэ «уэредадэ» жы­зыIэ цIыхухъухэм ират. Абы зэреджэр «Бгъурытыбжьэщ». Ди зэманым хабзэр щIыпIэ псоми щагъэза­щIэжыркъым, хэхауэ «БгъурытыбжьэкIэ» еджэу къэфапщIэ щатыр Аруан районым ис къуа­жэхэрщ.

Жыла­гъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа хабзэ къэзыгъэлъагъуэ, ауаныбзэм къыхэкIа псалъэщ. Пасэм щыгъуэ и Iуэху къигъэнауэ, пщыжь-уэркъыжьхэм ядэшасэу, къыдакIухьу зэманыр пщIэншэу зы­гъэкIуэд цIыхухэм ярищIэнакIэу адыгэхэр «Бгъу­рышасэкIэ» еджэу щытащ.

1970 гъэхэм хэхэс адыгэхэм щагъэтыжу хуежьа зы жэнэзы хабзэт гуауэдэх Iэ Iэтыр. Хьэдэр щIалъхьа нэужь, хэгъэрейхэм я щIыбыр унэмкIэ гъэзауэ еувэкIырт, я кум лъэпкъым и нэхъыжьхэр иту. ЛIа зиIэ лъэпкъым хуэгузэвэну къекIуэлIахэр адрей лъэныкъуэмкIэ къэувырт. ЩыгъуэщI нэужьым хьэщIэ нэхъыжьхэм зыр къахэкIырти, Iэ сэмэгур и тхьэкIумэм нэс къиIэтырт, дунейм ехыжамрэ къэнахэмрэ щхьэкIэ жиIэн хабзэр жиIэрти, и Iэр ирихьэхыжурэ елъэшауэурэ икIуэтыжырт.

Беслъэней Жансэт.
Поделиться: