Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэмрэ цIыхубэ хъыбар­егъащIэ IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIамрэ папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм мы и лэжьакIуэхэм етын:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыхь тхылъыр 
Жангуразовэ Нажабат Абдурэхьман и пхъум - «Заман» газетым и унафэщI-редакторым, 
Къаншокъуэ Эллэ Вячеслав и пхъум - «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым, 
Къожакъ Мае Хьэмыщэ и пхъум - «Кабардино-Балкарская ­правда» газетым къыдэзыгъэкI и редакторым;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» 
цIэ лъапIэр яфIэщын
:
Гуртуев Расул Сэлихь и къуэм - «Кабардино-Балкарская правда» газетым и унафэщI-редакторым, 
НэщIэпыджэ Замирэ Лиуан и пхъум - «Адыгэ псалъэ» газетым и редакторым, 
Трамовэ Зухра Хьэбибулахь и пхъум - «Заман» газетым и редакторым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м
№126-УГ

Гъэгушхуэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

ЕхъулIэныгъэ инхэр зэриIэм, IэщIагъэмкIэ и Iэзагъыр зэрылъагэм икIи хьэлэлу зэрылэжьам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и фIыщIэ хуэщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм мы и лэжьакIуэхэм:
Биденкэ Маринэ Валерий и пхъум - «Кабардино-Балкарская ­правда» газетым и корреспондентым, 
Османов Хьисэ Лейлун и къуэм - «Заман» газетым и редакторым,
ЩхьэщэмыщI Изэ Барэсбий и пхъум - «Адыгэ псалъэ» газетым и редакторым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 6-м
№163-РГ

Поделиться: