ГъуэгуанэщIэхэм къыхохъуэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Новапорт Холдинг» ООО-м и унафэщI Янкилевич Евгенийрэ тепсэлъыхьащ Налшык дунейпсо аэропортым игъуэтыну зыужьыныгъэхэм. Янкилевич Евгений щIыналъэм и Iэтащхьэм иригъэцIыхуащ Налшык дунейпсо аэропортым и унафэщIу ягъэува Айнетдинов Сергей. Абы нэхъапэкIэ Кольцовэ, Краснодар, Сочэ аэропортхэм унафэщI къулыкъухэр щиIыгъащ. Мы IэнатIэм къэкIуэн и пэ Волгоград дэт аэропортым и унафэщIым и япэ къуэдзэу лэжьащ. Айнетдинов Сергей Къэбэр-дей-Балъкъэрым унагъуэ щиухуащ, илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щопсэу. Республикэм и Iэтащхьэр абы ехъуэхъуащ и IэнатIэщIэм ехъулIэныгъэхэр щиIэну.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
16.09.2026 - 14:16 →
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
| ||




