Тыншу къалэм щызекIуэнущ

ЩIыналъэ гъуэгухэр зэпэщ щIыжынымкIэ дяпэкIэ егъэ­кIуэкIын хуей лэжьыгъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэхэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ тепсэлъыхьащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгухэр зыхуей хуэ­гъэзэнымкIэ мы гъэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ ди щIыналъэм. Хуагъэувауэ щыта пIалъэм нэхърэ нэхъ псынщIэжу тралъхьащ Бахъсэн - Къызбрун гъуэгум хиубыдэу Куба ­къуажэм и Iэхэлъахэм ит лъэмыжыр. ДяпэкIи нагъэсыну мэгугъэ Аргудан къуажэмрэ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэмрэ я зэхуакум дэлъ гъуэгум и 15-нэ километрыр. 
Машинэхэм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытщ икIи ахэр зэблэгъэ­кIыныр лэжьыгъэшхуэу къыхуоув министерствэм. Абы къыхэкIыу къалъытащ языныкъуэ гъуэгухэм зегъэубгъун ­хуейуэ. ЗэрыжаIэмкIэ, гъуэгухэм зрагъэубгъуа нэужь къалэ кIуэ­цIым, къуажэ, къалэ зэпылъыпIэхэм деж щызэтрихьэ маши­нэхэр нэхъ зэхэкIынущ, зыр адрейм зэран хуэмыхъуу зэб­­лэкIыфынущ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Шэджэм уикIыу Бахъсэн къалэм узэрыкIуэ гъуэгур. 
Шэджэм 2-рэ Булунгурэ зэпызыщIэ километр 25-м, Но­вопав­ловск - Прохладнэ - Мэздэгу (километри 6,5-рэ), Малкэ -Ингушли (километри 8,1-рэ) щыпащэнущ гъуэгу лэжьыгъэхэр. Абы хэтщ лъэмыжи 9. 
КъраIуащ нэхъапэм гъуэгу темылъауэ иджы абы щелэжьыну щIыпIэхэри. ЗэрыжаIамкIэ, Налшык къалэ дэт машинэхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуам къыхэкIауэ аращ ар. 2020 гъэм къалэм махуэ къэс машинэ мин 50 къыдыхьэу щытамэ, 2024 гъэм а бжыгъэр мин 89-рэ хъуащ. Зы жэщ-махуэм къриу­быдэу къалэм щызэхэзекIуэ а машинэ бжыгъэр зыгуэрурэ зэблэгъэкIын папщIэ, Налшык къалэ укъезышалIэ гъуэгухэр зэхэгъэщхьэхукIауэ ящIынущ. 

Поделиться: