«Хэкум и хъумакIуэхэм» зыхуагъазэ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыщызэщIакъуэжащ илъэсрэ мазитхум зэфIагъэкIа лэжьыгъэр. 

Япэ махуэм щегъэжьауэ, IэщIагъэлIхэр елэжьащ къы­хуагъэхь тхыгъэхэми телефонкIэ зыкъызэрыхуагъэзами. Ап­хуэдэуи соцальнэ сетхэм щаIэ напэкIуэцIхэм къахуэ­зытххэ­-ми я упщIэхэм жэуап иратащ. 
IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм къызэритымкIэ, 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 5-м ирихьэлIэу, фондым цIыху 7850-м зыкъы­хуагъэзащ Iуэхугъуэ 15300-кIэ. Нэхъыбэу ахэр зытеухуауэ ­щы­тар дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къэралым ахъшэкIэ зэрыза­-щIи­гъакъуэр къазэрыIэрыхьэнырщ, ветераным и тхылъыр къы­зэры­дахыну щIыкIэрщ, узыншагъэр зэрырагъэфIэкIуэ-жы­нумрэ медицинэ, юридическэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэ­­ра­гъуэтынумрэщ. Фондыр а Iуэхухэм хэплъащ, нэхъыбэр зэфIагъэкIащ, адрейхэм иджыри йолэжь. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и хэщIапIэр: Налшык къалэ, Къэбэрдей уэрам, 160 унэ. Абы упсалъэ хъунущ +7 988 928 95 34 телефон номерымкIэ.

КЪАНЩАУЭ  Мэлычыпхъу.

Поделиться: