Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

  2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм яхэлъ щIыналъэ щхьэхуагъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициент гъэувыным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и
 Парламентым къищтащ  2024 гъэм жэпуэгъуэм 31-м

1-нэ статья. 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм яхэлъ щIыналъэ щхьэхуагъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффицентыр зыхуэдизыр
Урысей Федерацэм и Налог кодексым и 2271-нэ статьям и 3-нэ пунктым ипкъ иткIэ 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм я щIыналъэ щхьэхуагъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 3,0 хъууэ гъэувын
2-нэ статья. Мы Законым къару щигъуэтыр
Мы Законым 2025 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару егъуэт, ауэ ар официальнэу къыщытрадза махуэм къыщыщIэдзауэ зы мазэ щыдэкIам нэхърэ мынэхъ пасэу икIи цIыхухэм я хэхъуэхэм техуэ налогхэмкIэ зи чэзу налог лъэхъэнэр щикIа махуэм нэхърэ мынэхъ пасэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м
№31-РЗ

 

Поделиться: