Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

              «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм я языныкъуэ гупхэм  къэралым псэуныгъэкIэ защызыщIигъэкъуэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ, 10-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

        Къэбэрдей-Балъкъэр  Республикэм и

Парламентым  къищтащ         2024 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м

1-нэ статья

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм я языныкъуэ  гупхэм къэралым псэуныгъэкIэ защыщIигъэкъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №57-РЗ-уэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и официальнэ интернет-портал www.pravo.gov.ru мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

  1. 5-нэ статьям и 5-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:

 «) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  унагъуэшхуэм щызыщIэгъэкъуэныр зыубзхыу хабзэм ипкъ иткIэ псэуныгъэкIэ  доIэпыкъу абыкIэ   хуитыныгъэ зиIэ бын куэд щапI унагъуэхэм;».

  1. 10-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:

«3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  хабзэмкIэ зызыщIагъэкъуэну унагъуэшхуэхэм  мазэ къэс ахъшэу хуаутIыпщ псэупIэ унэмрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэмрэ я уасэу ягъэувахэм я процент щэщI, зэпыщIауэ къамыгъэплъ унэхэм щыпсэухэу - цIыхухэм иращэн папщIэ ягъэува уасэхэмкIэ къащэху гъэсыныпхъэм, а гъэсыныпхъэр  къашэн папщIэ транспортым текIуадэхэри къэлъытауэ, щIатым и процент щэщIым хуэдизыр».

2-нэ статья

Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу  къызэрытрадзэрэ махуипщI дэкIа иужь.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м

№32-РГ

Поделиться: