Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием щIыхь зиIэ и академик, Урысейм и Абстракционистхэм (САБРОС), «Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэ» творческэ жылагъуэ союзхэм хэт Къанокъуэ Руслан и лэжьыгъэщIэхэр. «Творю от сердца и души» выставкэр траухуащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
Ар къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Парламентым МэкъумэшымкIэ, щIыуэпсымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, УФ-м и сурэттеххэм я союзым хэт, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием и академик Вэрокъуэ Заур.
- Сэ сысурэтыщIкъым, аращи, Руслан и лэжьыгъэхэм я фIагъым и гугъу схуэщIынукъым. Ауэ, гу зылъыстаращи, мы сурэтхэм узыIэпашэ, мы лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм псэр зыгъэхуабэ гуэр яхыболъагъуэ, - жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.
Министрым и псалъэм щыпищэм Къаныкъуэ Жаннэ къыхигъэщащ Руслан КъБР-м и сурэтыщI гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар.
Щхьэгъэпсо Сэфарбий ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием къыбгъэдэкIыу Къанокъуэ Руслан бгъэхэIу дамыгъэрэ щIыхь тхылърэ иритащ, республикэм и щэнхабзэмрэ сурэтыщI гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIым папщIэ. Щхьэгъэпсом жиIащ сурэтыщIым и лъэпкъымрэ и щэнхабзэмрэ зэриIэтыр, абы хуэфащэ дыдэу зэрызэрихьэр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик цIэ лъапIэр.
Къэпсэлъахэм жаIар къызэщIэпкъуэжмэ, нэхъыщхьэу къыхагъэщаращи, сурэтыщIым гъуазджэм и лIэужьыгъуэ щIэщыгъуэ къыхихар; абы цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр гъуджэм хуэдэу къыхуогъэлъагъуэ; и абстракцэ лэжьыгъэхэр нобэрей гъащIэм поджэж; Руслан хуэдэу композицэмрэ плъыфэмрэ зэзыгъэкIуф къэгъуэтыгъуейщ; мифологием, хьэршым я деж щыщIэдзауэ щалъхуа Шытхьэлэ къуажэм щыщIэкIыжу ятриухуа сурэтхэр удэзыхьэхщ; абыхэм ящIэлъ гупсысэр гъэщIэгъуэныщэщ. А псор къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ иджырей гъэлъэгъуэныгъэми езым и лэжьыгъэхэми щIэупщIэшхуэ щIаIэр.
Къанокъуэ Руслан фIыщIэ яхуищIащ къэпсэлъахэм. И лэжьэкIэм теухуауэ абы къыхигъэщащ сурэтхэр япэщIыкIэ къэрэндащкIэ зэрищIыр, абы зэманышхуэ зэрытекIуадэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, зы сурэтым илъэс е илъэситI-щы щихь къохъу. Сочэ, Кисловодск, нэгъуэщI къалэхэми щыщхэр и лэжьыгъэхэм куэду къыщIоупщIэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ компьютер графикэкIэ щIа абстракцэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Плъыфэбэу зэхэлъ сурэтхэм щыболъагъу адыгэ IуэрыIуатэм щыщ теплъэгъуэхэр, лъэпкъ дамыгъэхэр, сурэтыщIым и къуажэм и щIыуэпс дахэр, хьэршыр. Абыхэм ущеплъкIэ гурыIуэгъуэщ Руслан и IэпщIэлъапщIагъэм щIэи гъуни зэримыIэр, и лэжьыгъэхэр зыми зэремыщхьыр. А сурэтхэм хуэдэ зы щIыпIи щыплъагъунукъым. Аращ Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэм утыку къыщрихьэ и лэжьыгъэхэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн щIащыхъум и щхьэусыгъуэр.
Къанокъуэ Руслан Башир и къуэр Аруан щIыналъэм хыхьэ Шытхьэлэ къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. Орёл къалэм промышленностым, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дизайнерхэр щагъэхьэзыр и художественнэ училищэр 1976 гъэм къиухащ, художник-оформитель IэщIагъэр иIэу. Къанокъуэр гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэдым зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Сурэт щIыным, графикэм къыдэкIуэу, декоративно-прикладной гъуазджэми зэфIэкIхэр щиIэщ - гъущIымрэ пхъэмрэ йолэжь. ИтIанэ, Руслан и лэжьыгъэхэр зыми хэбгъэгъуэщэнкIэ Iэмал иIэкъым, плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэр апхуэдизкIэ екIуу зэхеухуанэри. И сурэтхэр щагъэлъэгъуащ «Панорама» художественнэ галереем, Минводы, Сочэ, Грознэ къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми. КъищынэмыщIауэ, и IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэм Iэмал яIэщ ахэр зэпымыууэ щагъэлъагъуэ Radisson Blu (Сочэ), «Синдика» (Налшык) художественнэ салоным зыщыхагъэгъуэзэну.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.