Фэншэт икIи напэншэт

ГъащIэм щемыхъулIа е дыркъуэ зытридза цIыхухэм политикэр къыщыхах щыIэщ къызэфIэувэн, я щыщIэныгъэхэр зэран къахуэмыхъун папщIэ. Абы щыгъуэми, мыхьэнэ гуэри мыбдеж щиIэкъым зыщIэбэным: нэхъыщхьэр а политикэм дришеинырщ, власть къритынырщ. Ар IупщIу хыболъагъуэ бзаджэнаджэ дыдэу щыта Геббельс Иозеф и къекIуэкIыкIам.

Фашист еру хъунур 1897 гъэм Германием и Рейн провинцэмм щыщ Райдт къалэм щыпсэу бухгалтерым и унагъуэм къыщалъхуащ. Дунейм къытехьащ махэу, щхьэшхуэу, сабийуэ къеуза остеомиелитым и лъакъуэ ижьыр Iушэ ищIащ икIи псэухукIэ щIакъуэу къэнащ. Диным щIапIыкIащ, щапхъэ зытрах католик хъуащ, арщхьэкIэ, зэман дэкIри, и тхьэр ГитлеркIэ ихъуэжащ, ауэ ар къыщыхъуар, дауи, иужькIэщ. АпщIондэхукIэ Достоевскэмрэ Толстойрэ дахьэхащ, зыхуэмыдэныгъэ псори зыгъэкIуэдыну (езыр узыншэхэмрэ пкъыфIэхэмрэ къакIэрызыгъэхур) революционеру зыкъилъытэжащ. ТеплъэкIэ къимыкIами, цIыхубзхэм хуэнэхъуеиншэт, арщхьэкIэ къызэрапэсыртэкъым.

Университетыр къиуха нэужь журналист лэжьыгъэм зритыну хущIэкъуащ, усэхэр, пьесэхэр итхыу хуежьащ, арщхьэкIэ зыри къехъулIакъым (зэвгъапщэт: Гитлери и мурадат сурэтыщI хъуну). Куэдрэ лъыхъуа иужь 1924 гъэм национал–социалист щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и газетыжь цIыкIум лэжьапIэ къыщигъуэтащ. ЗанщIэуи игу ирихьащ а газетым и дамыгъэ свастикэмрэ фашистхэм я сэлам хыкIэмрэ. Мыбдежым Геббельс зыкъыщызэкъуихащ. Абы и тхыгъэхэм хэутэн ящI Веймар республикэри, буржуазие жылагъуэри, театрри – езыр зылъэмыIэс псори. Уэрамхэм къыщыпсалъэу щIедзэ – къызэхуэсхэм гу лъамытэ хуэдэт ар зэрыщIакъуэм.

1925 гъэм Геббельс япэу хуэзащ Гитлер Адольф. А тIум я Iуэху еплъыкIэхэр зыкъомкIэ зэщхьэщыкIырт, ауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ Йозеф псынщIэу абы и жьауэм щIэуващ, зэи къыщIэмыкIыжыну. ТIуми къагуроIуэ пропагандэр – цIыхухэр къэгъэдэIуэныр – къаруушхуэу зэрыщытыр. Илъэс дэкIри, Гитлер Геббельс игъэуващ езым и партым и къудамэу Берлин щыIэм и унафэщIу. А къудамэр иджыри лъэрымыхьт: Берлин и хьэблэхэм я нэхъыбэм щытепщэр коммунистхэрт. Йозеф къелъытэ нацист партым пропагандист къулыкъу адрейхэм къадэкIуэу иIэн хуейуэ. Сыт хуэдэ IэмалкIи цIыхухэр къыдэшэхын – аращ ар зытет хабзэр. Мыбдеж мыхьэнэ гуэри щиIэкъым жыпIэр пэжми е пцIыми – нэхъыщхьэр уи мурадыр щызэбгъэхъулIэнырщ. Геббельс лэжьыгъэ и куэдщ – газетыр къыдегъэкI, пэкIухэм къыщыпсалъэурэ, цIыхухэр зэщIегъаплъэ, дэни нехьэс щхъухь зыпылъ и шэрэзыр. Абы и гуащIэ ин хэлъщ 1932 гъэм и бадзэуэгъуэм Германием щекIуэкIа хэхыныгъэхэм нацистхэр зэрыщытекIуам. Мыгувэу президент хахэ Гинденбург фон Пауль Гитлер Адольф рейхсканцлеру игъэуващ. Ар къыщыхъуар 1933 гъэм и щIышылэрщ. Фашистхэм быдэу я мурадщ яIэрыхьа властыр зэи ямыутIыпщыжыну. ПропагандэмкIэ министр хъуа Йозеф занщIэу къыгурыIуащ цым и кIуапIэр: «Къэралымрэ цIыхубэмрэ яхъумэн папщIэ» прессэр цензурэ ткIийм щIигъэуващ. Абы и закъуэкъым: иджы Германие псом и щэнхабзэ гъащIэр къанэ щымыIэу зезыгъакIуэр аращ. Дауи, хъийм икIа нацист пропагандэр хуабжьу ягъэлъэщащ. ИлъэситIым къриубыдэу пропагандэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр цIыху 350-м икIри, минитIым нызэрыхьэсащ, абыхэм Берлин щаIыгът унэ 22-рэ. Геббельс хущIэкъурт псори щызэкъуэт жылагъуэ Германием щызэтриухуэну. Абы папщIэ цIыхубэр зэхуэдэу гупсысэн, зэхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэн хуейт. Дэтхэнэми къищтэн хуейт фашист идеологиер. Радиоми гулъытэшхуэ хуещI. Йозеф и унафэкIэ Берлин и уэрамхэм дагъэуващ радиодинамик миних.

Езы Геббельс зыкърех. Абы щетIагъэ кIэстум лъапIэхэр, и щхьэцыр хущIащэ IэщIагъэлI хэплъыхьахэм. Нэхъапэм зыщIэхъуэпсу, ауэ зылъэмыIэсу щыта цIыхубзхэм, зэрыжаIэщи, лъакъуащхьэкIэ къахэхутащ: Йозеф и нэм къыфIэна зы цIыхубз дахи сценэм къихьэфынукъым е кином роль къыщратынукъым, езым зыхуейр къыхуимыщIауэ. А псори елъагъу икIи ешэч и щхьэгъусэ Магди. Зэ закъуэщ къыщыщиудар: Геббельс чех актрисэ дэгъуэ Бааровэ Лидие зэманышхуэ зэрытригъэкIуадэр хуэмыхьыжу Гитлер хуэтхьэусыхащ. Фюрерыр Йозеф ешхыдащ икIи абы зэщхьэгъусэхэм зэкIужыну унафэ яхуищIащ. Ар ямыгъэзащIэу хъурэт?!

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щIидза нэужь пропагандэмкIэ министрым и пщэ дэлъ къалэнхэм заубгъуащ: Геббельс мелуан 80 хъу нэмыцэхэр зэуэным къахузэщIигъэтэджэнум, иужькIэ фронтым къыIуагъэкIыу зыгъэпсэхуакIуэ къагъэкIуэж зауэлIхэм и нэIэ ятригъэтыну, къэралым пивэу къыщыщIагъэкIым хригъэгъэхъуэну, къалэшхуэхэм къэхьпэщхэр къыщызэIуригъэхыну къыпэщытт. СССР-м къытеуэу я Iуэху къимыкI хъуа иужь Геббельс макъ икIакIэ мыувыIэу къыхуреджэ «журтхэмрэ большевикхэмрэ я мурад бзаджэхэр къызэпаудын папщIэ» бийхэм зым хуэдэу япэщIэувэну. Гитлер яукIыну щыхэта 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м иужькIэ абы хуитыныгъэ ин дыдэхэр ират. Ахэр къигъэсэбэпри, Геббельс лэжьэгъуэ тхьэмахуэ зэхуакур сыхьэт 60 хъууэ, цIыхубзхэри фIэкIыпIэ имыIэу лэжьэн хуейуэ игъэуващ, еджапIэ, театр псори зэхуищIащ. IуэхущIапIэхэм лэжьакIуэхэр щагъэмащIэ: фронтыр зауэлI хуейщ. Махуэ къэс ягъэлъагъуэ «советыдзэхэм яубыда щIыналъэхэм щызэрахьэ хьэкIэкхъуэкIагъэхэм, Гитлер Германием текIуэныгъэ къыхуэзыхьыну Iэщэ лъэщ зэригъэхьэзырым теухуауэ яуцIырхъхэр. Берлин папщIэ зэхэуэхэр щекIуэкIым Геббельс зэпымыууэ ягу къигъэкIыжырт нэмыцэхэри Москва и деж зэрыщытар: «Урысхэм заIыгъащ, дэри зытIыгъын хуейщ!»

 АрщхьэкIэ тхыдэм езым и унафэ ищIыжакIэт. Йозеф зэи епцIыжакъым Гитлер. ИужькIэ езыри абы и щапхъэм ирикIуащ. ЗаукIыжын ипэкIэ абырэ и фызымрэ бзаджэнаджагъэ дыдэ ялэжьащ: я бынихри щхъухькIэ ягъэлIащ. Абыхэм зэхащIыхьар хьэкIэкхъуэкIагъэу къэплъытэнри емыкIущ, хьэкIэкхъуэкIэхэм апхуэдэ ящIэркъым, аращи, уеблэмэ зэрыжыпIэну псалъэр къыпхуэгъуэтыркъым. Мис аращ лъагъумыхъуныгъэ ерум хуэунэтIа политикэм узыхуишэр.

ШАЛ Мухьэмэд
Поделиться: