Благъуэр ежьэжынущ![]() 2024 илъэсыр Благъуэ Удзыфэм ейуэ екIуэкIащ. Мазэ дэкIмэ ежьэжыну благъуэм и гугъу пщIымэ, гъэщIэгъуэну куэдым гу лъыптэнущ. Благъуэхэр къыхощ IуэрыIуатэм, хъыбархэм. ИкIи ахэр къэгъэлъэгъуащ лъэтэфу, мафIэ къажьэдихуу. «Благъуэ» псалъэр алыджыбзэм къытекIащ, «кIэлъыплъын» жиIэу къокI. Хъыбар зэхуэмыдэхэм абыхэм я псэупIэу къагъэлъагъуэ бгъуэнщIагъхэр, бгылъэхэр, мэзхэр, псыкъуийхэр, гуэлхэр. Языныкъуэ хъыбархэм благъуэхэр къыщыгъэлъэгъуащ нэгъуэщIхэм я гупсысэхэр жамыIэ щIыкIэ къащIэн ялъэкIыу. Адыгэ IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ благъуэм, абы теухуа хъыбархэм. Псалъэм папщIэ, абы жылэм я псыр иубыдырти, тхьэIухуд хуамышауэ, къиутIыпщыжыртэкъым. Славян мифологием къыхощыж «Змей Горыныч» жыхуаIэр. «Горынычым» щхьищ пытщ, дэтхэнэми и хьэл иIэжу. Китайм благъуэр къыщалъытэ гуапагъэми, акъылми я нэщэнэу. Китай мифологием къыхэщ благъуэ нэхъыщхьэм «Лунь»-кIэ йоджэ. Японхэм я хъыбархэм благъуэр къыхощ жьы хъуа цIыхум и сэфэтым иувэфу. Пасэрей алыджхэм щхьищэ зыпыт благъуэм и гугъу щащIырт хъыбархэм - щхьэ къэс езым и бзэ Iурылъыжт. Амур псым китайхэр йоджэ «благъуэ фIыцIэм ипскIэ». Хъыбархэм благъуэр къыхощыж мылIэжыныпсэм е гъащIэ кIыхьым я дамыгъэу. Ар зи къэрал гербхэм тетхэр мащIэкъым, сыту жыпIэмэ, къару, зэфIэкI, хахуагъэ къегъэлъагъуэ. Литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ благъуэр зэм къыщыхощ шынагъуэу, бзаджащIэу, илъагъур зэтезыкъутэу. Языныкъуэхэми ар гуапэу, фIы ищIэу къагъэлъагъуэ. Благъуэм и гъэм дунейм къытехьащ цIыху цIэрыIуэ куэд: Горький Максим, По Эдгар, Фет Афанасий, Цветаевэ Маринэ, Блок Александр, Бродский Иосиф, Шоу Джордж Бернард, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 16:00 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм траухуэ
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
12.04.2026 - 13:24 →
«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»
01.04.2026 - 12:30 →
СурэтыщIым и гурыгъузхэр
| ||






