2024 гъэм еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр 2024 гъэм щетыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
Еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр щетынымкIэ и Советым къыхилъхьахэм сыхэплъауэ, унафэ сощI:
Еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр щетын икIи еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтым и лауреат цIэр яфIэщын:
Акаев Ахъмэт Руслан и къуэм, аспирантым, «Бгылъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэмкIэ и къудамэм гляциологиемкIэ и лабораторэм и инженерым - ЩIым теухуа щIэныгъэхэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIу иригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ;
Ашэбокъуэ Маринэ Борис и пхъум, «Бгылъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм пшэхэм я физикэмкIэ и къудамэм математикэ Iэмалхэр къэгъэсэбэпынымкIэ и лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм - лэжьыгъэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым хуэгъэпсыным пыщIа къалэнхэм егъэщIылIауэ иригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ;
Байказиев Артур Елдар и къуэм, «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм Пкъыгъуэ нэхъыфIхэмрэ аддитив технологиехэмкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьым - суперконструкционнэ полимерхэм я синтезым и технологиехэм зегъэужьыным икIи ахэр къэгъэсэбэпыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ;
Бэлагъы Лианэ Едыдж и пхъум, «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм и Медицинэ академием уз зэрыцIалэхэмкIэ и кафедрэм и ассистентым - щIэуэ щыт коронавирус инфекцэм хьэлъэу игъэсымаджэхэм я клинико-иммунологие щытыкIэхэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIу иригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ;
Мэжджыхь Мадинэ Гъумар и пхъум, Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ институтым - «ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» Федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм хыхьэм къутахуэ бжыгъэхэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм - къутахуэ бжыгъэхэмкIэ дифференциальнэ уравненэхэм я IэнатIэм щригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м
№135-УГ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж хабзэкIэ къыддэгъуэгурыкIуэ урысей псэкупсэ-нэмыс лъапIэныгъэхэр хъумэным икIи гъэбыдэным теухуа IуэхухэмкIэ щыIэ Советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм фокIадэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №96-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж хабзэкIэ къыддэгъуэгурыкIуэ урысей псэкупсэ-нэмыс лъапIэныгъэхэр хъумэным икIи гъэбыдэным теухуа IуэхухэмкIэ щыIэ Советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм фокIадэм и 26-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж хабзэкIэ къыддэгъуэгурыкIуэ урысей псэкупсэ-нэмыс лъапIэныгъэхэр хъумэным икIи гъэбыдэным теухуа IуэхухэмкIэ щыIэ Советым и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №96-УГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Советым хэгъэхьэн мы къэкIуэнухэр:
Къуэшырокъуэ З. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (Советым и унафэщIым и къуэдзэщ)
Кожухов К. В .- Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Лу А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ и министрыр
Шыпш А. М. - «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету);
б) псалъэхэр:
«Котляровэ М. А. - Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэтыр (зэрызэгурыIуам тету)»
мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын:
«Котляровэ М. А.- Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтыр (зэрызэгурыIуам тету)»;
в) Советым хэгъэкIын Архангельский В. Н., Забаков А. Б., Хъубий М. Б.
Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м
№136-УГ