КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Волонтёрхэм я махуэм хуэгъэза и хъуэхъу Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

Волонтёрхэм я махуэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу!

Нобэ я махуэшхуэр ягъэлъапIэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэм зи гъащIэр хуэзыгъэпс цIыхухэм, абыхэм я дежкIэ псапэ пщIэныр я псэукIэм и нэщэнэ хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и псапэхуэщIэ зэщIэхъееныгъэм ныбжь зэхуэмыдэхэм итхэмрэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зиIэхэмрэ хэту къокIуэкI. А псори зы ещI цIыхухэм яхуэщхьэпэн, цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIын, я къарумрэ гуащIэмрэ, щIэныгъэмрэ зэчиймрэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм хуэунэтIын гукъыдэжым.

Ди волонтёрхэр езыхэм яфIэфIу ядоIэпыкъу гулъытэ хуэныкъуэ псоми: сабий зеиншэхэм, зи ныбжь хэкIуэта, зи щхьэ Iуэху дэзымыгъэкIыжыф цIыхухэм, щэнхабзэм, экологием, спортым мыхьэнэ щызиIэ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщ. Адрей псом нэхъри нэхъ лъапIэщ абыхэм дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм папщIэ псапэхуэщIэ мылъкур зэрызэхуахьэсыр, абы хэтхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ илъу яутIыпщ машинэхэр зэрагъэхьэзырыр, зауэлIхэм я унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэр.

Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI къалэн зыхуэфщIыжахэр жэуаплыныгъэ фхэлъу зэрывгъэзащIэм, къэвгъэлъагъуэ жэрдэмым, гукъэкIым, псэемыблэжыныгъэм, гущIэгъум щхьэкIэ. Дэтхэнэ зыми узыншагъэ быдэ фиIэу, фефIэкIуэну, ди Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэщхьэпэн Iуэхушхуэхэр зэфIэвгъэкIыу фыпсэуну сынывохъуэхъу.

Поделиться: