Къалащхьэ гъуэгухэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык и гъуэгу­хэмрэ гъуэгу хозяйствэмрэ зэрызаужьыпхъэм ­теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ­республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и ми­нистр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Тай­муразрэ. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2028 гъэ пщIондэ Налшык ­нэхъапэу щызэфIэгъэкIын хуей лэжьыгъэхэм. УхуакIуэхэм ­Каменскэ, Нэгумэм, КIыщокъуэм, Щорсым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я гъуэгушхуэхэм елэжьын щIадзакIэщ. Ахэм зи ­пIалъэр икIа бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, псы жапIэхэр ­щахъуэжынущ. КъинэмыщIауэ, гъуэгубгъум уэшх нэужьым псыр щызэтримыхьэн хуэдэу, ижыпIэхэр хагъэщхьэхукIынущ, цIыху куэд зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм бгъэ­дыхьэпIэ хуащIынущ, ­машинэ гъэувыпIэхэм зрагъэубгъунущ, гъуэгу Iуфэхэм уэз­дыгъэхэр ирагъэувэкIынущ. 
Каменскэ уэрамым зэуэ машиниплI техуэн хуэдэу зрагъэ­убгъунущ. Шынагъуэншагъэр нэхъыбэ зыщIын Iэмал псори къыщагъэщхьэпэнущ абдежым. «Уафэ къабзэ» программэмкIэ щIы щIагъым щIрагъэубыдэнущ хьэуам хэт кIапсэ псори. Гъуэгубгъухэм лъэс зекIуапIэхэр щыпхашынущ, светофорхэр трагъэувэнущ, уэздыгъэ пкъохэр хатIэнущ, маши­нэхэр зэрызекIуэм кIэлъыплъ Iэмэпсымэхэри хагъэзэгъэ­-нущ. ЩIэкIэ яхъуэжынущ инженер хуэIухуэщIэхэри. Лэжьыгъэр 2025 гъэм и кIэр къэмысу зэфIагъэкIыну я мурадщ. 
ДызыхуэкIуэ илъэсым зыхуей хуагъэзэнухэм хеубыдэ Рус­тавели, Байсултановым, Кировым, Къэрэшейм я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэри. ИужьреитIым зэуэ машиниплI къыща­жыхьыфын хуэдэу зрагъэубгъунущ. 
И кIэм нагъэс IуэхущIапIэхэм машинэ бгъэдэлъэдапIэхэр хуащIынущ. ДяпэкIи елэжьынущ къалэм къыдэмыхьэ ав­томобиль гъуэгухэм, Налшык псыежэхым и Iуфэр цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужь щIыпIэ хэгъэщхьэхукIа зэращIыну проектым. 
Мы зэманым, Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым хуэзэу, ки­лометри 5,2-м нэблагъэ къэрал гъуэгушхуэм йолэжь. Республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ абы епха псори нэгъэ­сауэ зы­хуей хуагъэзэну: лъэс зекIуапIэхэри, щхъуантIагъэхэри, и ­Iуфэм ирикIуэ уэздыгъэхэри. 

Поделиться: