Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ актхэм щыщ Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м Налшык къалэ №186-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къару ямыIэжу къэлъытэн:
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 20I9 гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I8 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №27I-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и 150-нэ пунктым;
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 2020 гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №243-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и 149-нэ пунктым;
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 202I гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №301-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и 119-нэ, 147-нэ пунктхэм;
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 2022 гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 202I гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №273-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и 118-нэ, 146-нэ, 808-нэ, 810-нэ, 1000, 1018-нэ пунктхэм;
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 2023 гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №286-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и 115-нэ, 143-нэ, 926-нэ, 991-нэ пунктхэм;
ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэм хагъэхьауэ зи кадастр уасэм и налог лъабжьэхэр 2024 гъэм тещIыхьауэ ягъэувам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м къыдигъэкIа унафэ №273-ПП-м ипкъ иткIэ къащтам, и I04-нэ, I09-нэ, II0-нэ, I48-нэ, 340-нэ, 393-нэ, 404-нэ, 54I-нэ, 904-нэ, 909-нэ, 955-нэ, 972-нэ, 980-нэ, I003-нэ, I008-нэ пунктхэм.
2. Мы унафэм и I-нэ пунктым къыщыхьахэм къызэщIаубыдэ илъабжьэкIэ къыщыхьа пIалъэхэм къыщыщIэдзауэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэр:
20I9 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – етIуанэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым;
2020 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – ещанэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым;
202I гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – еплIанэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым;
2022 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – етхуанэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым;
2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – еханэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым;
2024 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ – ебланэ абзацым щыщу къэгъэлъэгъуа пунктым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.