Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автономнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрырат Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м Налшык къалэ №188-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автономнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрырат Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыдигъэкIа унафэ №164-ПП-мкIэ къищтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн. 2. Мы унафэм къызэщIеубыдэ 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




