Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

   «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризм IэнатIэм епха  Лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным  и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризм IэнатIэм епха лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

3. Мы Унафэм къару егъуэт ар  къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

 Налшык къалэ

2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м

№64-П-П

 

    «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризм IэнатIэм епха  лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Законым  зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным  и IуэхукIэ

        Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

                          Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм

и Парламентым къищтащ      2024 гъэм щэкIуэгъуэм  и 28-м

1-нэ статья

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризм IэнатIэм епха лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №I4-РЗ-уэ 2008 гъэм мазаем и 29-м къыдэкIам (Правовой информацэм и офциальнэ интернет портал www.pravo/gov/ru) мыпхуэдэ  зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн

  1. 4-нэ статьям:
  1. 8-нэ пунктым «къэрал властым» псалъэхэр хэгъэкIын,  («адэкIэ- уполномоченнэ органщ)»  псалъэхэр щIыгъужын;
  2.  9-3-нэ пунктым «орган» псалъэм   щыщIыгъун «Интернет» информацэ-телекоммуникацэ сетым (адэкIэ- уполномоченнэ органым и официальнэ сайтщ)».
  3. 5-нэ статьям:
    1. и цIэр мыпхуэдэу тхын:

 «5-нэ статья.  Уполномоченнэ органым и полномочиехэр»;

2) 1-нэ Iыхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым  туризмэм и IэнатIэм уполномоченнэ гъэзэщIакIуэ органу щигъэувам» (адэкIэ -уполномоченнэ органщ)» псалъэхэр «уполномоченнэ органым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

3) 2-нэ Iыхьэм:

 а) япэ абзацым «нэхъыщхьэ» псалъэр хэгъэкIын;

б) 3-нэ, 3-7-нэ, 5-нэ пунктхэм  къару ямыIэжу къэлъытэн;

в) 8-1-нэ пунктым «Интернет» информацэ-телекоммуникацэ сетым (адэкIэ уполномоченнэ органым и официальнэ сайт)» псалъэхэр щыхэгъэкIын;

г) 11-1-нэ пунктым мыпхуэдэ  псалъэхэр щIыгъужын:

«11-1)  аттестацэ комиссэм теухуа положенэу  а аттестацэ комиссэм хэтхэр зэригъэбелджылым къыдэкIуэу эскурсоводхэм  (гидхэм) е гид-зэдзэкIакIуэхэм я аттестацэ езыгъэкIуэкIыр къэщтэныр;);

д) 14-нэ пунктым «къэрал властым» псалъэхэр  хэгъэкIын.

4) 3-нэ Iыхьэм щIыгъужын мыпхуэдэ псалъэхэр:

«3. Уполномоченнэ органыр хуитщ:

  1. Урысей Федерацэм и къэрал программэхэр  зэхэлъхьэным икIи гъэзэщIэным, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туризмэм зегъэужьынымкIэ и къэрал программэхэр зэхэлъхьэным, зэщIэгъэуIуэным икIи гъэзэщIэным хэтыну;
  2. щрикIуэкIэ цIыхухэр хэхауэ зыщIагъун хуей турист гъуэгуанэхэм  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и щIыналъэм пхырыкI турист  гъуэгуанэхэр (турист гъуэгуанэхэм ящыщ Iыхьэхэр) хагъэхьэныр къызэригъэпэщыну икIи щрикIуэкIэ цIыхухэр хэхауэ зыщIыгъун хуей турист гъуэгуанэхэр теухуа хъыбархэр езыхэм  я официальнэ  сайтым иралъхьэну;
  3.  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  туризм IэнатIэм и зэфIэкIым лъэщагъым зрагъэубгъун, апхуэдэу ар къызэрагъэсэбэпым  къит фейдэм хагъэхъуэн мурадкIэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр къызэгъэпэщыным икIи  егъэкIуэкIыным хэтыну;
  4. федеральнэ законодательствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэмрэ къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI хуитыныгъэхэр  пхигъэкIыну).

3) 6-1-нэ  статьям и 5-нэ Iыхьэм  «гъэзэщIакIуэ властым и органым» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

4. 10-нэ статьям  и 3-нэ Iыхьэм «къэрал властым» псалъэхэр хэгъэкIын.

2-нэ статья

Мы Законым къару   егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2024 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м

№41-РЗ

Поделиться: