Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«ЩIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIухэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «ЩIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №58-П-П
«ЩIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м 1-нэ статья «ЩIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №I3-РЗ-уэ 2004 гъэм мэкъуауэгъуэм и 26-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал www.pravo/gov/ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн. 2-нэ статьям: 1) «щIыуэпс, техноген теплъэ» псалъэхэр и цIэм щыхэгъэкIын; 2) «щIыуэпс, техноген къэхъукъащIэм и лъабжьэщ» псалъэхэр «и лъабжьэу щытщ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 2. 9-нэ статьям: 1) мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэт 6-1-нэ пунктыр щыщIыгъун: «6-1) муниципальнэ зэхуаку, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным, абыхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыным, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщыхъукIэ цIыхухэр къегъэлыным, абыхэм я узыншагъэр хъумэным хуэгъэза лэжьыгъэр цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм щыхъумэным теухуа IуэхухэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ органым иригъэкIуэкIыныр къызэрегъэпэщ;»; 2) 9-2-нэ пунктым «щIыуэпс, техноген» псалъэхэр хэгъэкIын. 3.12-нэ статьям: 1) «гъэзэщIакIуэ властым и органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ и цIэм щызэхъуэкIын; 4. 31 статьям «гъэзэщIакIуэ властым и органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 2-нэ статья «Къэбэрдей-Балъэкъэр Республкэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №40-РЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo/gov/ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: 1.2-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн. 2.3-нэ статьям и 9-1-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын: «9-1) «МафIэс шынагъуэншагъэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым къыщыгъэлъэгъуахэр хэгъэкIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ органу щIы щхьэфэ (щIыуэпс) мафIэсхэр зэрагъэункIыфIыну щIыкIэхэр зэхилъхьэну, апхуэдэу къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным икIи абыхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зыуэ щыт къэрал системэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэм икIи къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ щыхъумэным ехьэлIа законодательствэм тету щылажьэхэм я къарукIэ мылъкукIэ апхуэдэ мафIэсхэр гъэункIыфIыныр къызэзыгъэпэщыну уполномоченнэр къыхихыныр». 3-нэ статья Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Налшык къалэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м №39-РЗ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




