Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«Налогхэр зэрытралъхьэ къызэрыгуэкI Iэмалыр, налог зэрытралъхьэ патент Iэмалыр къыщагъэсэбэпкIэ налог зытхэм я лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм - уней хьэрычэтыщIэхэм ятын хуей налогхэр зыхуэдизыр зэрагъэув щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «Налогхэр зэрытралъхьэ къызэрыгуэкI Iэмалыр, налог зэрытралъхьэ патент Iэмалыр къыщагъэсэбэпкIэ налог зытхэм я лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм - уней хьэрычэтыщIэхэм ятын хуей налогхэр зыхуэдизыр зэрагъэув щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №56-П-П
«Налогхэр зэрытралъхьэ къызэрыгуэкI Iэмалыр, налог зэрытралъхьэ патент Iэмалыр къыщагъэсэбэпкIэ налог зытхэм я лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм - уней хьэрычэтыщIэхэм ятын хуей налогхэр зыхуэдизыр зэрагъэув щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
1 статья «Налогхэр зэрытралъхьэ къызэрыгуэкI Iэмалыр, налог зэрытралъхьэ патент Iэмалыр къыщагъэсэбэпкIэ налог зытхэм я лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм - уней хьэрычэтыщIэхэм ятын хуей налогхэр зыхуэдизыр зэрагъэув щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №17-РЗ-м, 2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къащтам (хабзэм теухуа хъыбархэр щызэхуахьэс интернет-портал (www.pravo.gov.ru), и 3-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «2024 гъэм дыгъэгъазэм и 31» псалъэхэм я пIэкIэ «2026 гъэм дыгъэгъазэм и 31» псалъэхэр къэхьауэ. 2 статья Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №36-РЗ
«Ахъшэджэгур зи лъабжьэ хьэрычэт Iуэхум налогыу хуагъэувым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «Ахъшэджэгур зи лъабжьэ хьэрычэт Iуэхум налогыу хуагъэувым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №54-П-П
«Ахъшэджэгур зи лъабжьэ хьэрычэт Iуэхум налогыу хуагъэувым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
1 статья «Ахъшэджэгур зи лъабжьэ хьэрычэт Iуэхум налогыу хуагъэувым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №59-РЗ-м, 2003 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къащтам (хабзэм теухуа хъыбархэр щызэхуахьэс интернет-портал (www.pravo.gov.ru), и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 4-нэ пунктым «3000000» бжыгъэхэм я пIэкIэ «10000000» бжыгъэхэр къэхьауэ. 2 статья Мы Законым къару егъуэт 2025 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ, ауэ ар официальнэу къытрадза нэужь зы мазэ нэхърэ мынэхъ мащIэ дэкIауэ икIи ахъшэджэгур зи лъабжьэ хьэрычэт Iуэхум налогыу хуагъэувыр щатын хуей пIалъэм и япэ махуэм нэхърэ мынэхъ пасэу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №37-РЗ
«Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 1. «Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыгъэсэбэпыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн. 2. Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ. 3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №52-П-П
«Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыгъэсэбэпыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
1 статья. «Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыгъэсэбэпыныр «Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар хэпщэным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №17-ФЗ-м, 2022 гъэм мазаем и 25-м къащтам, и 1-нэ статьям и 1/1 Iыхьэм ипкъ иткIэ, къэхутэныгъэ папщIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыгъэсэбэпу хуежьэн «Налогхэр зэрытралъхьэ автоматизированнэ къызэрыгуэкI Iэмалыр» налог мардэ хэхар. 2 статья. Мы Законыр къару щигъуэтынур Мы Законым къару егъуэт 2025 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ, ауэ ар официальнэу къытрадза нэужь зы мазэ нэхърэ мынэхъ мащIэ дэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м №38-РЗ
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




