«Сэ сыхьэзырщ Трамп сыхуэзэну»Америкэ журналистым и упщIэхэм языхэзым жэуап щаритым Путин Владимир жиIащ: «СщIэкъым дыщызэхуэзэнур Трамп сэрэ, иджыри зыри жиIакъым, ауэ сэ сытым дежи сыхьэзырщ. ПщIэ зыхуэсщI лэжьэгъу. «ПщIэ зыхуэсщI» щIыжысIэр, дэ ди журналистхэр къефхуэкI щхьэкIэ, дэ фэ тыншу ди къэралым фызэрыщыдгъэлажьэрщ, хуиту фыщыIэщ. Уэ зэрыжыпIэмкIэ, дэ дынэхъ къарууншэу фэ ттетыну ухуейщ уэри, уэ Америкэ Штат Зэгуэтхэм улахуэ къущозытхэри. Сэ си еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Мы иужьрей илъэс зыбжанэм Урысейр нэхъри нэхъ лъэщ хъуауэ аращ, армыхъумэ къарууншэ хъуакъым. Дэ нэрылъагъуу къэралыгъуэ щхьэхуит дохъу. Дэ зи жьауэ дыщIэту щытахэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу», - жиIащ Путиным. - Украинэмрэ Урысеймрэ зэгурыIуэн папщIэ, Украинэм щIичэн хуейуэ жыбоIэ, Урысейр хуэхьэзыр апхуэдэ лъэбакъуэм? – щIэупщIащ америкэ журналистыр. - Политикэр апхуэдэ зэхуэгъэкIуатэхэм я гъуазджэщ. Сэ сытым дежи жызоIэ дэ ди лъэныкъуэр адрей лъэныкъуэм епсэлъэнуи, гурыIуэнуи сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр. Iуэхур здэщыIэр къытпэщIэтхэм я дежщ, ахэращ хуэмейр къыдэпсэлъэну. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Истамбыл дыщыщызэхуэзам дызэрызэгурыIуа псори къащта хуэдэу защIат, ауэ итIанэ текIащ ди зэгурыIуэныгъэм. Абы щыгъуэм къэхъуами дыщыгъуазэщ, фи хэкуэгъу, абыхэм я ныбжьэгъу Джонсон къакIуэри, иужьрей украин сэлэтыр яукIыху зэуэну къыхуриджащ, - иритащ жэуап Путиным.
Поделиться:
Читать также:
11.04.2026 - 10:11 →
Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь
27.12.2025 - 09:58 →
Парламентым щагъэлъапIэ
01.11.2025 - 12:29 →
ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ
01.11.2025 - 11:50 →
Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь
04.10.2025 - 15:47 →
ЛIыхъужьхэм яIуощIэ
| ||




