ЦIыхуращ къэралыр къэрал зыщIыр

Къэралым и УнафэщIым и пресс-конференцым сыт щыгъуи къыщаIэт Iуэхущ демографием теухуа упщIэхэр.

- Ар дэркIэ нэхъыщхьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Совет Союзым и лъэхъэнэм къалъхухэм я бжыгъэр проценти 2 хъурт. Дэ пIалъэ гуэркIэ узэIэбэкIыжмэ, процент 1,7-рэщ диIа хэхъуэр. Иджыпсту ар процент 1,4-м нэс ехуэхащ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Ар мащIэ дыдэщ. Мы процент бжыгъэр къызэрабжыр зы анэм быну иIэмкIэщ.

Апхуэдэу къалъхум я бжыгъэр щымащIэщ, щынэхъыкIэщ Финляндием, Норвегием, Испанием, нэгъуэщI къэралхэми. Уеблэмэ, къэрал зызыужьахэм, псалъэм папщIэ Японием къыщалъхум я бжыгъэр нэхъ мащIэжщ, Корее Ипщэм процент 0, 7-рэ щыхъуу аращ. Абыхэм елъытамэ, ди Iуэхур тIэкIукIэ нэхъыфIщ.

ЩытыкIэр зэпIэзэрыт тщIыжын щхьэкIэ, къалъхум я бжыгъэр проценти 2,1-рэ хъун хуейщ, къэралым ис цIыхухэм я бжыгъэр хэхъуэн папщIэ а процент бжыгъэр 2,3-м фIэгъэкIыпхъэщ.

Сыт дэ тщIэр демографиер зэпIэзэрыт тщIын щхьэкIэ? Абы папщIэ программэ щхьэхуэ зэхэтлъхьауэ мэлажьэ. Ар гъэ къэс зэредгъэфIэкIуэным иужь дитщ. Япэрауэ, сабий зэрыс унагъуэхэм пособие ядот, ар куэдкIэ сэбэпщ. А ахъшэр бзылъхугъэр уэндэгъу щыхъуам щегъэжьауэ, сабийм и ныбжьыр илъэс 18 ирикъуху ядот. Къэралым ярит ахъшэр къахь сабий мелуани 10-м щIигъум, бзылъхугъэ уэндэгъуу 320 000-м. Ар дэ къэдгупсыса Iуэху щхьэпэщ, апхуэдэ нэгъуэщI къэралхэм щаткъым.

Апхуэдэ дыдэу анэхэм етт ахъшэми хыдогъахъуэ. Унагъуэ ипотекэр проценти 6-м зэрыфIэмыкIыным иужь дитщ. Ипотекэ зытелъ, зи унагъуэ сабий ещанэ къихъуам сом мин 450-рэ идот. Медицинэм, анагъэм, сабиигъуэм епха хуэгъэкIуатэ псори нэхъыфI, нэхъыбэ зэрытщIыным иужь дитщ.

Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, сэ сыхуейщ къэралым и хэгъэгу псоми я унафэщIхэм захуэзгъэзэну, мы IуэхумкIэ фи лэжьэгъуэ махуэр къыщIэвдзэу, абыкIэ фухыжын хуейщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэралым ис цIыхуращ къэралыр къэрал зыщIыр, армыхъумэ иIыгъ щIыракъым.

ТщIэр мащIэкъым, ауэ нэхъыбэж тщIэн зэрыхуейр нэрылъагъущ. Зыгуэр тхузэфIэкIауэ щыжытIэнур зэхъуэкIыныгъэхэр тлъагъумэщ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: