Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 25-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 25-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI   ЕГОРОВЭ Татьянэ
Налшык къалэ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м
№62-П-П

 
 
 
 
 
 
«ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 25-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м

 
 «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №38-РЗ-м, 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къащтам, и 25-нэ статьям и япэ Iыхьэр (хабзэм теухуа хъыбархэр щызэхуахьэс интернет-портал (www.pravo.gov.ru) мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын: 
«1. Уполномоченнэм и къалэнхэр и пIалъэр къэмысу щхьэщах «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Урысей Федерацэм щыIэм и IуэхукIэ» федеральнэ законым и 9-нэ статьям тету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
 КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м
№40-РЗ

Поделиться: