Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм  щыпсэухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и индекс нэхъыбэ дыдэр 2025 гъэм зыхуэдизынур гъэувыным и IуэхукIэ

Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым и 157/1 статьям, Урысей Федерацэм и Правительствэм «Урысей Федерацэм и цIыхухэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэу ят пщIэм и индексхэм зэрызахъуэж щIыкIэр убзыхун и лъэныкъуэкIэ» 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа унафэ №400-м, Урысей Федерацэм и Правительствэм 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м къищта унафэ №3287-р-м япкъ иткIэ унафэ сощI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм  щыпсэухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и индекс нэхъыбэ дыдэр 2025 гъэм зыхуэдизынур мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къызэрыщыгъэлъэгъуам тету гъэувын.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ,

2024 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м

№146-УГ

Поделиться: