Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №142-мкIэ къащтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым теухуауэ» 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №142-мкIэ къащтам, хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:

Мусуков А. ТI. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (Советым и унафэщIым и япэ къуэдзэщ)

АфIэунэ А. А. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэщIэным хуэгъэза Iуэху куэд щызэфIах и центр» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIыр

Балаевэ С. С. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Рсепубликэм волонтёрствэм (псапащIэ Iуэхухэм езыхэм яфIэфIу хэтхэм) зегъэужьынымкIэ и ресурснэ центр» зи лэжьыгъэр фейдэ къемыгъэщIыным хуэгъэпса IуэхущIапIэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)

Дыкъынэ Ф. Хъу. – «Зи акъылкIэ ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъхэм, псантхуэкIэ ныкъусаныгъэхэр зиIэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ «Псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэщ» зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и щIыналъэзэхуаку жылагъуэ советым и къудамэм унафэщIыр (зэгурыIуауэ)

ДыщэкI А. З. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр

Къаскъул А. Ф. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикъэм и ЦIыхубзхэм я союз» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)

Кожухов К. В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)

Лу А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр

Мэзло З. М. - дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)

Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрыр

Унэжокъуэ А. Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и архитектор нэхъыщхьэр;

б) Бозий А. Р. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр (Советым и секретарщ)»;

в) Рахаев Б. М. Советым и секретарь къулыкъур щхьэщыхын;

г) Советым къыхэгъэкIыжын Апажэ А. Къ., Архангелский В. Н., Асанов А О., Ахэмын М.Хь., Iэхъуэбэч Щ. А., Бэрбэч А. Хь., ГъукIэлI Хь. М., Дудар Хь. А., Къуныжь М. А., Лисун Е. А., Рахаев А. И., Шэрджэс Л. И.

2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэ­жьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ,

2024 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м

№147-УГ

Поделиться: