Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм мазаем и 20-м къыдигъэкIа Унафэ №26-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Налшык къалэ №193-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Езыхэр зыхуеину мэз къэкIыгъэхэр щэн-къэщэхуным теухуауэ зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм къыщагъэлъагъуэ уасэхэм я IуэхукIэ» 2008 гъэм мазаем и 20-м къыдигъэкIа Унафэ №26-ПП-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: 1) хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм хэт «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Мэз хозяйствэмкIэ и къэрал комитетым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2006 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №350-ПП-мкIэ къащтам» псалъэхэм я пIэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м къыдигъэкIа унафэ №48-ПП-мкIэ къащтам» псалъэхэр къэхьын; 2) езыхэр зыхуеину мэз къэкIыгъэхэр щэн-къэщэхуным теухуауэ зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм къыщагъэлъагъуэ уасэхэм ятеухуа гу зылъытапхъэу мы унафэм и гуэдзэным хэтым 10-1-нэ пунктыр щIыгъун, мыпхуэдэу иту: «10-1. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм, апхуэдэуи Украинэм и щIыналъэхэм, Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсонскэ областым щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ, Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэмрэ, I, II гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъхэм, зауэ Iуэхухэм я ветеранхэм, Чернобыль АЭС-м къыщыхъуа аварием и радиацэм и зэран зэкIахэм, сабий куэд зиIэ унагъуэхэм, сабий ныкъуэдыкъуэ щапI унагъуэхэм папщIэ езыхэр зыхуеину мэз къэкIыгъэхэр щэн-къэщэхуным теухуауэ зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэхэм къыщагъэлъагъуэ уасэхэр ягъэув зэрагъэмащIэ коэффициент 0,1-р къагъэсэбэпу.». 2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къызэрытрадзэрэ махуипщI дэкIа иужь. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




