Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №193-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Налшык къалэ №195-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. «Хамэ къэралхэмрэ дунейпсо IуэхущIапIэхэмрэ къыщыттракъузэ щытыкIэм дыщит зэманым нэгъуэщI хэкухэм къитшу щыта продукцэхэр зэрызэтхъуэкI хъунухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыщIэдгъэкIыну лIэужьыгъуэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм шыщхьэуIум и 19-м къыдигъэкIа унафэ №193-ПП-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: 1) хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм хэт «Урысей Федерацэм 2022 гъэм щIы зэхущытыкIэхэр щызэкIэлъыгъэкIуэным хэлъ щхьэхуэныгъэхэр» псалъэхэм я пIэкIэ «Урысей Федерацэм 2022 – 2024 гъэхэм щIы зэхущытыкIэхэр щызэкIэлъыгъэкIуэным хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, апхуэдэу къэрал мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэр худэчых хэлъу бэджэнду тыным теухуа зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэным икIи абы уасэу хуагъэувыр зыхуэдизыр» псалъэхэр къэхьын. 2) хамэ къэралхэмрэ дунейпсо IуэхущIапIэхэмрэ къыщыттракъузэ щытыкIэм дыщит зэманым нэгъуэщI хэкухэм къитшу щыта продукцэхэр зэрызэтхъуэкI хъунухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыщIэдгъэкIыну лIэужьыгъуэхэу зи гугъу тщIа унафэмкIэ къащтам, 8-нэ, 9-нэ пунктхэр щIыгъун, мыпхуэдэу иту: «8. 01.47.23 – инкубаторхэм папщIэ джэдыкIэхэр. 9. 10.12 – джэдкъазхэм, апхуэдэу нэгъуэщI псэущхьэхэу мэкъумэш IэнатIэм щагъэхъуахэм ялхэр, абыхэм консерв ящIахэри яхэту». 2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




