Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №99-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Налшык къалэ №196-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. «Налшык» спорт комплекс» къэрал IуэхущIапIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм накъыгъэм и 4-м къыдигъэкIа унафэ №99-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «цIыхуи 108-рэ, я мазэ лэжьапщIэ фонду 2013 гъэмрэ къыкIэлъыкIуэ илъэсхэмрэ ятещIыхьар сом мин 85I,2-рэ хъууэ» псалъэхэм я пIэкIэ «цIыху 208-рэ, я мазэ лэжьапщIэ фондыр сом мини 5 889,4-рэ хъууэ» псалъэхэр къэхьауэ. 2. Мы унафэм къару егъуэт «КъБР-м и Налшык къалэм щхьэ зытелъ лъэрыжэ къэжыхьыпIэ мылгъурыджэ щыухуэныр» (Налшык къалэ, 2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым) объектыр «Налшык» спорт комплекс» къэрал бюджет IуэхущIапIэм егъэбыдылIэным теухуа зыхуэфащэ унафэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым а къалэныр зи пщэ дэлъ и органым къищта нэужь. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




