Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и зэщIэгъэуIуа бюджет теплъэмрэ «2024 гъэмрэ планкIэ 2025, 2026 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №62-РЗ-уэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIамкIэ щIэгъэбыдауэ, 2024 гъэмрэ планкIэ 2025, 2026 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэмрэ сабийхэм каникул зэманым сабий стационар лагерхэм зыщрагъэпсэхуным пыщIа Iуэхухэр финансхэмкIэ зэтраухуэн папщIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм хуаутIыпщ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр зэрытрагуашэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2024 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м Налшык къалэ №198-ПП
Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 217-нэ статьям и 10-нэ пунктым, «Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым» и 96-нэ 271-нэ статьяхэмрэ Урысей Федерацэм и хабзэгъэув акт языныкъуэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и Iыхьэ языныкъуэхэм я къарур къызэтегъэувыIэным икIи 2024 гъэм Урысей Федерацэм и бюджет зэхэлъыкIэм бюджетхэр зэрагъэзащIэмкIэ щхьэхуагъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №520-ФЗ-уэ 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдэкIам и 6-нэ статьям и 13-нэ, 16-нэ Iыхьэхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФинансхэмкIэ и министерствэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и зэщIэгъэуIуа бюджет теплъэм хилъхьэн хуейщ:
а) 2024 гъэмрэ планкIэ 2025, 2026 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэмрэ сабийхэм каникул зэманым сабий стационар лагерхэм зыщрагъэпсэхуным пыщIа Iуэхухэр финансхэмкIэ зэтраухуэн папщIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм нэгъуэщI бюджет трансфертхэр яхуиутIыпыщыну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм ират бюджет мылъкур сом мини 4504,1-кIэ игъэмэщIэныр;
б) «Урысей Федерацэм и щIыналъэм сабийхэм зыщагъэпсэхуныр, я узыншагъэр щызэфIагъэувэжыныр къызэрызэрагъэпэщыну путевкэхэр яIэрыхьэным е путевкэхэм я пIэкIэ ахъшэ компенсацэ иратыным», «Егъэджэныгъэ» Iыхьэм «Егъэджэныгъэм егъэщIылIа нэгъуэщI Iуэхухэр» и Iыхьэ ныкъуэм трагъэкIуэдэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм хухаха бюджет мылъкур сом мини 4504,1-кIэ хигъэхъуэныр.
2. «2024 икIи планкIэ 2025, 2026 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №62-РЗ-уэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIамкIэ щIагъэбыдауэ, 2024 гъэмрэ планкIэ 2025, 2026 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэм сабийхэм каникул зэманым сабий стационар лагерхэм зыщрагъэпсэхуным пыщIа Iуэхухэр финансхэмкIэ зэтрахуэн папщIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм хуаутIыпщ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр зэрытрагуашэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр (гуэдзэн №12-м и таблицэ №39) къэщтэн.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




