IэпэIэсэхэм я лэжьыгъэхэр

Гъуазджэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ Москва щекIуэкI «Ладья. Зимняя сказка-2024» выставкэ-жармыкIэм. Абы хэтщ IэпщIэлъапщIэ 1000-м нэблагъэ, Урысейм и щIыналъэ зыбжанэм щыщхэр къызэщIиубыдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа плIанэпэр ягъэуващ «Мой бизнес» щIыналъэ Центрыр я дэIэпыкъуэгъуу. Ди республикэм и лIыкIуэу абы кIуащ фэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр IэкIэ зыгъэхьэзыр Вэрокъуэ Рустамбэч, «Бычакъ» зи фIэщыгъэ балъкъэр сэхэм елэжь  Гузиев Алим, хъыринэхэр, гущэхэр, шэнтжьейхэр щIынымкIэ IэкIуэлъакIуэ Аренгольд Маринэ. 
- Мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр – хьэрычэтыщI щIалэхэм зэрыдэIэпыкъу Iэмалщ. КъинэмыщIауэ, IэпщIэлъапщIэхэр зэроцIыху, щIэ куэд къащIэ, зочэнджэщ. Мыбдеж щызэрогъуэт зэдэлэжьэну цIыхухэри, - жиIащ Кульбаев Марат, - хьэрычэт Iуэхур ядэIыгъыным теухуауэ 2018 гъэ лъандэрэ КъБР-м щылажьэ «Мой бизнес» центрым и IэщIагъэлIым. 
Мы гъэлъэгъуэныгъэм гъэ къэс нэхъыбэ зэрызэхуишэсыр и щыхьэтщ абы щIэупщIэ зэриIэм. Кавказ Ищхъэрэм и IэпщIэлъапщIэхэм, сурэтыщIхэм Москва щагъэлъагъуэ IэкIэ ягъэхьэзыра Iэщэхэр, гуащэхэр, зэрызагъэдахэ Iэпщэхъухэр, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIуфэкIухэр. Псом хуэмыдэу яфIэхьэлэмэтщ ятIагъуэмрэ фарфорымрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр. Москвадэсхэм куэд яхэтщ ятIагъуэ гъэжьам къыщыхащIыкIа хьэпшыпхэр фIыуэ зылъагъу, зэхуэзыхьэс. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Кисловодск щыщ унагъуэм щагъэхьэзыр фарфорхэкIхэр. Хэт блэкIыфынур фарфорым къыхэщIыкIа ажэгъуэмэ Iэрамэм?! Пэжщ, я нэхъ Iэрамэ цIыкIу дыдэ пщIыным зы мазэм нэблагъэ токIуадэ. Къупэнщыпэнщ Кавказым и Iэщэхэр, гуащэхэр, упщIэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, ауэ ахэр телъыджэ ящохъури, гугъуехьыр ящегъэгъупщэж а псом елIалIэхэм. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу мастер-классхэр, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI. Абы къыпэкIуэращи, ди щIыналъэмкIэ нэгъуэщIхэр къагъаплъэ, зыщызыгъэпсэхуну хуейхэм я бжыгъэм хегъахъуэ. Хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ курытымрэ щIыналъэм зыщегъэужьыным хуищI гулъытэм щыщщ КьБР-м и «Мой бизнес» Центрым зэрызащIигъакъуэр мыпхуэдэ выставкэм зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуэну хуейхэм. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: