Лъэпкъ тхыдэм итхьэкъуа сурэтыщI

2024 гъэр къехъулIащ сурэтыщI ДыщэкI Мурат. Мифологиер лъабжьэ зы­хуэхъуа, «Унагъуэм и нэху» зыфIища сурэт гъэлъэ­гъуэныгъэр дыгъэгъазэм и 12-м къызэIуахащ. 
ДыщэкIым утыку кърихьа гупсысэмрэ теплъэгъуэхэм­рэ яфIэщIэщыгъуэрэ къа­хуэ­­мы­IуэтэщIу цIыхушхуэ кърихьэ­лIат абы. ГъащIэр къыщыу­нэхуа лъэхъэнэ­жьым игъэ­зэжри, ЩIыр зэзыгъэпцIа тхьэхэм я «нэгум иплъащ» Мурат. Зэманым къыдэунэхуа тхьэ нэхъыщIэхэмрэ тхьэпэ­лъы­тэхэмрэ нарт IуэрыIуатэм къришэлIащ, хьэтхэм я лъэхъэнэми хэIэбащ. Дэнэ ­къриха а гупсысэхэр, щIэныгъэр? Хэт чэнджэщэгъу хуэхъуар? Хэт и IэщIагъэ-щIэ­ныгъэр хуэ­зыгъэдахэр, и гукъыдэжыр щIэзыгъэхуабжьэр? ГъэщIэгъуэнкъэ?!
А упщIэхэмкIэ зыхуэдгъэзащ езы Мурат, ди щIэджы­кIакIуэхэр къызэрыдгъэгугъауэ, гъэлъэгъуэныгъэр зэрызэ­фIэкIыу, дылъыгъуэ­зэжри. 

- ДыщэкIхэ лъэпкъкIэ Нартан дыщыщми, си адэр Узбекистаным къыщалъхуат. Зэ­рыжаIэмкIэ, си адэшхуэ-анэшхуэм политикэ IуэхукIэ лей къатехьэри, 1935 - 1937 гъэхэм хэкур зрагъэбгынахэм яхэту къыщыхутат абы. ИужькIэ, дауи, хэкум къагъэ­зэжащ псоми. IуэрыIуатэмрэ мифологиемрэ сыщызыгъэгъуэзар си анэшхуэ Хужь­цIыкIущ. Ар Зеикъуэ дэс ­ГъукIэлIхэ япхъут, урысыбзи ищIэртэкъым, ауэ адыгэмрэ абы и пасэрей тхыдэмрэ теухуауэ щIэныгъэшхуэ бгъэ­дэлът. Сигъэгъуэлъыжырти, зы жэщ блимыгъэкIыу, Iуэ­рыIуатэм и пшыналъэхэм щхьэ­хуэ-щхьэхуэу къысхуте­псэ­лъыхьырт, псысэхэр къызжиIэжырт, дунейр къызэри­гъэ­щIам, цIыхур хьэдрыхэ ехыжа нэужь зыIущIэм теухуа хъыбарыжьхэм сащигъэгъуа­зэрт. СызыщIапIыкIар ахэращ.
- Мис иджы къызгурыIуащ а щIэныгъэр къыздикIар… 
- Сабий садым срата нэужь урысыбзэ зэзгъэщIащ. Ди гъэсакIуэр кIэщI-кIэщIурэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я псысэхэм къытхуеджэрти, алыдж мифологиер си гум нэхъ щIриубыдар сщIэркъым. Телевизорыр ди унагъуэм къыщихьар япэ классым сыщыкIуарт. Абы ипэIуэкIэ дунейр зэрызгъэунэхуар хъыбарыжьхэмрэ псысэхэмрэщ. Си натIэм ит хъунт Iуэры­Iуатэм телэжьэныр - художественнэ школым сыщIэ­тIыс­хьа нэужь псысэ зэхуэ­мыдэхэм, мифхэм, IуэрыIуа­тэм дагъэцIыхуж лIы­хъужь­-
хэмрэ ди нэгу къыщIагъэувэ Iуэху­гъуэхэмрэ датетхыхьыну пщэрылъ тщищIырт сурэт щIынымкIэ ди егъэджакIуэ Ясковэ Верэ Витальевнэ. Ар илъэс 75-рэ мэхъу, Кингисепп къалэм щопсэу иджыпсту. Орджоникидзе и художественнэ училищэр къэзухщ, армэм къулыкъу щысщIэщ, 1991 гъэм сыкъекIуэлIэжри, Суриков В. И. и цIэр зэрихьэу Москва щыIэ Къэрал институтым графикэмрэ плакатымкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ. IуэрыIуатэмкIэ си IэщIагъэм зезгъэужьыну зеспщытати, псори сызэригугъам хуэдэу, тынштэкъым. Сэ нарт лIы­хъужьхэм ящыщу псом нэхъ­рэ нэхъ сфIэфIыр Сосры­къуэти, абы и сурэт сщIыну къыс­хуадэртэкъым, уеблэмэ ди егъэджакIуэр къысщIэна­кIэрт, си гукъыдэжыр зэ­рысIэщIиудыным хэтт, урыс псысэ гуэрхэм сытетхыхьыну си пщэ къыдилъхьэрт. Ауэ щыхъум, «уи дерсхэм сыкъэмыкIуэххэмэ нэхъ къэсщтэнущ», - жысIэри, зизгъэнащ. ИужькIэ, къыскIэлъы­плъыжри, игу ирихьыжащ ­стхыхэр, «оценкэ» тэмэмхэри схуигъэув хъуащ. АдэкIэ къытпэщылъ лэжьыгъэхэм ящыщт дамыгъэ къэгупсысыныр. Лъэпкъ дамыгъэ щыдиIэкIэ, щхьэ сыгупсысэн хуей жысIэри, ДыщэкIхэ ди лъэпкъ дамыгъэр сщIащ. АбыкIэ ­дезыгъаджэм хуабжьу игу ирихьати, къыщIэупщIащ. Сэ абы гурызгъэIуащ адыгэхэм лъэпкъ къэс и дамыгъэ зэриIэжыр. Си лъэпкъ дамыгъэр апхуэдизкIэ игу ирихьат ди егъэджакIуэми, гъэлъэ­гъуэныгъэм иригъэхьауэ щытащ, пщIэшхуэ къысхуищIын щIидзащ. Сэ библиотекэхэм сыкIуэурэ, апхуэдизу сыдэ­зыхьэх тхыдэжьым щыгъуазэ зыщысщIырт, инджылызыбзэр сэр-сэру зэзгъащIэрт. Псалъэм папщIэ, хьэтхэм я тхыдэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа Ардзинбэ Владислав и тхылъхэр щIэзджыкIыху, адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм ди блэкIа жыжьэр си нэгу къыщIэуващ, хуэм-хуэмурэ зыщызгъэгъуэзащ хьэтхэм я хабзэхэм, фIэщхъу­ныгъэм. А псоми къищы­нэмыщIауэ, фIэщхъуныгъэми, философиеми, мифологиеми, археологие фэеплъхэми сыдахьэхырти, ахэри щIэзджыкIырт. А лъэхъэнэрщ Кобань, Мейкъуапэ щэнхабзэхэр, скифхэр, щынхэр, мэ­уэтхэр къыщысцIыхуар, ахэр зэрызэпыщIамрэ зи­щIыс­хэм­рэ къыщызгурыIуар. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ, нобэр къыздэсым содж а псори. 
- Тхыдэм и къежьапIэм цIыхухэр зы бзэкIэ псалъэу, зы щIыпIэ щыпсэууэ щытауэ жеIэ мифологием. Абы утетмэ, цIыхухэр дунейм текъухьа щыхъуа лъэхъэнэр, щIэхъуа щхьэусыгъуэр, ахэр хамэ щIызэхуэхъужарщ къэ­плъыхъуэр. Зыгуэр умылъыхъуэу щытамэ, илъэс 33-кIэ бджынтэкъым а псори…
- Узахуэщ. СызылъэIэса гупсысэхэмрэ къэзгъуэта жэ­уапхэмрэ къэзгъэлъэгъуащ иджыблагъэ утыку къисхьа си лэжьыгъэхэмкIэ. Ар нахуапIэ хъунымкIэ куэду сэбэп къыс­хуэхъуащ интернетыр. Япэм хуэдэу библиотекэхэм сы­щIэсыжыфыртэкъым, си зэманыр зэпэшэчати, дунейпсо бэджыхъым фIы гуэр пы­лъыххэмэ, абы ифI къызэкIащ си Iуэхур кIуэтэнымкIэ. Хъыбар къысIэрыхьэхэр зэ­ры­тIэпIыкIырт, зэрылъэлъырт, бзэрабзэрт, умыджыным гуэ­ныхь пылъым хуэдэу. Хамэ къэрал щIэныгъэлIхэм я Iэ­дакъэщIэкIхэм зыщыбгъэ­гъуэзэну, абыхэм къатIэщIахэр зэбгъэпщэну куэдкIэ нэхъ тынщ икIи нэхъ псынщIэ ­хъуащ. 
- Апхуэдэхэм деж уи акъы­лэгъу урихьэлIэмэ, псы Iуфэм тена бдзэжьейр псым хадзэжам хуэдэу, уи псэр дозагъэ, пэжкъэ, Мурат?!
- ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым ар! Гъэлъэгъуэныгъэхэм цIыху зэхуэмыдэ куэд къокIуалIэ. Яхэтщ абыхэм уи IэдакъэщIэкIхэр къызыгу­рымыIуэ. «Мы сурэтымкIэ жыпIэну узыхуеяр сыт, адыгэ хъужыр сыт хуэдэ лъэпкъ, мы дамыгъэм сыт къикIыр?», - жаIэу, узыхамыщIыкIыу. Абы­хэм жэуап пэж ептын, уи щэнхабзэм щыбгъэгъуэзэн пап­щIэ, уэри щIэныгъэшхуэ ­убгъэдэлъын хуейщ. Мис ап­хуэдэхэм деж къысхуосэ­бэпыж си щIалэгъуэм си зэманыр зытезгъэкIуэда щIэ­ныгъэр. Ауэ къокIуалIэ цIыху зэчиифIэхэр: е езыхэр сурэ­тыщIу, е щIэныгъэшхуэ ­ябгъэдэлъу, е езыри уэ удэ­зыхьэхым дихьэхыу. Ап­хуэдэхэм уащыдэуэршэркIэ, уакъыщыгурыIуэкIэ, уи гуп­сысэр къыщыбдаIыгъым деж зыкIэ гугъэзагъэщи! 
- Мурат, уэ илъэс зыбжанэкIэ Италием ущыпсэ­уащ, ущылэжьащ. Уи щIэныгъэр Европэм щрибгъэкъужауэ къэплъытэрэ?
- Италием сыщыщыпсэуам Чили щыщ Топиа Марио жы­хуаIэ сурэтыщIыр нэIуасэ къысхуэхъуат…. Ар пасэрей лъэпкъыжьхэу майе, ацтекхэм тетхыхьырт, профессорт, Миланым и арт-академиехэм ящыщ зым щыла­жьэрт. Езыр мексикэ археологием, щэнхабзэм, цIыхухэм къысхутепсэлъыхьырт, сэ нарт IуэрыIуатэм щызгъэ­гъуазэрт. Абы щыгъуэ къызгурыIуащ Латин Америкэми, Перуми, Чилими, Кавказми щыпсэухэр дызэрызэщхьыр. Абыхэми яхэтт бгырысхэр, лъы къабзэу зыкъэзылъы­тэжхэр, уэркъыгъэ зыхэлъхэр. Ауэ щыхъум сегупсысащ: пэж дыдэу къыщIэкIынщ мифологием къиIуэтэжыр, псоми зы къежьапIэ дызэриIар. Къыхэгъэщыпхъэщ Латин Америкэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм щэнхабзэ къулейрэ зыми емыщхь мифологиерэ зэ­ра­Iэр, абы губзыгъагъэрэ щIэ­ныгъэшхуэрэ къызэрыхэпхы­фынур. 
- Сыщыгъуазэщ Италием лэжьыгъэшхуэ зэрыщебгъэкIуэкIам, уеблэмэ Милан къалэм щыIэ «НэхукIурий» зэгухьэныгъэр къызэзыгъэ­пэщахэм уазэрыхэтар. Ауэ, бланэ щалъху мэкIуэж, жи. Уэри укъекIуэлIэжащ.
- 2010 гъэм Хэкум къыщызгъэзэжам щыгъуэ ДыщэкIхэ я лъэпкъ зэхуэсышхуэм сы­кърихьэлIэжати, абы срагъэ­блэгъащ, пщIэ къысхуащIащ, дахэ къызжаIащ. Абы кърихьэлIат цIыху 1200-рэ! Гуапэу дыуэршэру, дыкъафэу, ды­джэгуу, дыхъуахъуэу, гу зыщыдмыхуэжу дызэхэсат. А махуэр IэфIу ягу къагъэкIыжу, нобэр къыздэсым топсэлъыхь си унэкъуэщхэр. Зи гугъу сщIы лъэпкъ зэхуэсым нэхъыжьхэм щIэблэм хъуэ­хъу­кIэ зыщыхуагъазэрт. А хъуэхъу­хэм ящыщ зыуэ Iуауэ щытащ ДыщэкIхэ я Iуэху дэгъэкIынымкIэ Лъэпкъ Совет къызэгъэпэщыныр. Иужьым сагъэтIысри, си IэщIагъэм ­теухуауэ сэбэп сызэрыхъуфынур къызжаIащ. ДыщэкIхэ дамыгъэ куэд яIэти, псори дызригъэуIужу, зыкъритцIыхужыну зы дамыгъэ нэхъыщхьэрэ чэтэнрэ яхуэщIын хуейт. Си гуапэ хъуащ, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, икIи зэпеуэ къызэзгъэпэщри, щхьэж и гупсысэр утыку кърихьащ, а псоми дахэплъэщ, дызэчэнджэщри, зы дамыгъэ нэхъыщхьэ дгъэбелджылащ. Дыщэм ирила­жьэм и плъыфэу дамыгъэ екIу хуэзгъэпсащ сыкъызы­хэкIа лъэпкъым. Дэфтэрхэмрэ хьэпшыпхэмрэ я закъуэ мыхъуу, ди япэ итахэм я хьэл-щэныр, щыпсэуа щIыпIэр, зэрахьа щэнхабзэр си нэгу къыщIэувэрт а дамыгъэм сыщегупсысым. Си дунейм зыкъыдигъэзащ а дауэдапщэм. Зи гугъу сщIа Лъэпкъ советыр къызэдгъэпэщащ икIи абы и Тхьэмадэу сыхахащ…
- Жылэ Илонэ утыку кърихьа джанэхэм тет нарт лIы­хъужь сурэтхэр зи IэдакъэщIэкIыр уэращ. Мифологиеми ухэIэбащ. Тхьэ­ма­дэнри бгъэунэхуащ. АдэкIэ сытхэр уи мурад?
- ДизайнымкIэ КъБКъУ-м     и колледжым щезгъэджэну ­зэ­гурыIуэныгъэ зэтщIылIащ. Унэ кIуэцIхэр адыгэ щIыкIэу зэрызэрахьэм зезгъэужьынущ, къищынэмыщIауэ, лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэхэр тедзауэ шэнт сигъэщIыну IуэхущIапIэ гуэр къызэлъэIуащ. Къэбэрдей уэрамым и теплъэм сыдихьэхри, мы гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ сурэт зыбжанэ тесщIыкIати, сигу ирихьащ, пысщэнуи къыщIэкIынщ. Гъат­хэпэм Владикавказ, шы­щхьэуIум Лъахэхутэ музейм гъэлъэгъуэныгъэхэр къы­щы­зэIусхынущ. Тхьэмадэнми куэд пылъщ, къызэрыщIэ­кIымкIэ, ауэ а къулыкъури си пщэм дэсхыжыркъым. Сигу илъщ иджыри IуэрыIуатэм селэжьыну, хуэмурэ хьэт тхыдэм сыбгъэдыхьэну, Анадолэ, Мейкъуапэ щэнхабзэхэр зэзгъэпщэну, дамыгъэхэм зезгъэужьыну. КIэщIу жы­пIэ­мэ, адыгэм и тхыдэ жыжьэм щIэхфэх сиутIыпщыну къы­щIэкIынукъым, ауэ ар си жагъуэу щытамэ сыхыхьэнутэкъым…
Тхьэмадэ псалъэм щIыхьу пылъыр къигъэпэжу Мурат и къалэнхэр зэригъэзащIэм и хъыбарыфI къоIу. Езым нэхъ­рэ куэдкIэ нэхъыжь ДыщэкI лъэпкъым хэтми, акъылрэ зэфIэкIкIэ къилэжьащ абы къыхуагъэфэща къулыкъур. И сурэт телъыджэхэм къыхохъуэ, унагъуэщ, бынитI иIэщ.
«СурэтыщI Iэзэщ ДыщэкI Мурат. ЕгъэджакIуэ лъэщщ. Сурэтым щэхуу иIэр къитIэщIарэ, игъэунэхуауэ ап­хуэдэщ ар. ЩIэщыгъуэ куэд къэзыгъэщI, акъыл жан зиIэ, гуащIэшхуэ зыхэлъ цIыхущ. Утепсэлъыхь пэтми, утемызашэу зэчиифIэщ. Мурат ищIауэ сурэт зыбжанэ сиIэщ. ИкIи согугъэ абыхэм я бжыгъэм ­нэхъри къыхэхъуэ зэпыту екIуэкIыну», - жеIэ мифологием фIыуэ щыгъуазэ, Мурат и сурэтхэр зыми хуэмыдэжу зыхэзыщIэ, сурэтзэхуэхьэсакIуэ, «Реалии и каноны» тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Пщынокъуэ Артур. 
Щытхъу нэхърэ тхъэгъуэ, жиIащ пасэрейм. Щытхъури мыужьыхыу, и тхъэгъуэри мыкIуэщIу, гукъыдэж къезыт фIыгъуэри щIэншэу адэкIи лъэпкъым хуэлэжьэну ди ­гуапэщ дыщэкIхэм къахэкIа сурэтыщIыр! 

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ. Сурэтхэр тезыхар Къарей Элинэщ.
Поделиться: