Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, нэгъуэщI цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэм псэуныгъэкIэ зыхуеинухэмкIэ зыщIагъэкъуэныр икIи я дэIэпыкъуныр зыщIэгъэуIуэнымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м къыдигъэкIа унафэ №79-РГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къэкIуэнухэр:
Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ ц1ыхухэм социальнэ и лъэныкъуэк1э къащхьэщыжынымкIэ и министрыр (комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ)
Журавлев А. И. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Кожухов К. В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Мэзло З. М. - Дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету);
б) Шевчук Г. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм щIалэгъуалэм граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и центрым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»;
в) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Асанов А. О., Архангельский В.Н., Бэрбэч А.Хь. сымэ.
2. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ
2025 гъэм щIышылэм и 20-м
№7-Р

Поделиться: