Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2025 гъэм щIышылэм и 20-м къыдигъэкIа унафэ №1-ПП-мкIэ къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэ политикэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м къыдигъэкIа унафэ №262-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр
а) еханэ - епщыкIутIанэ абзацхэр мыпхуэдэу щытхын: «Урысей Федерацэм и Правительствэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №2233-мкIэ Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэр 2030 гъэ пщIондэ зэрыщыпхагъэкIынум и Стратегие къащтащ. Ар гъэзэщIэнымкIэ мыхьэнэ ин зиIэ унэтIыныгъэхэу щытщ: а) къыддекIуэкI урысейпсо лъапIэныгъэ-гупсысэ, нэмыс гъуазэхэм, гражданственностым, хэкупсагъэм щIалэгъуалэм я деж зыщегъэужьыныр; б) унагъуэщIэхэм сабийуэ къыщалъхум хэгъэхъуэнымкIэ, унагъуэ щэнхабзэм и лъапIэныгъэхэр щызэтраухуэнымкIэ IэмалыфIхэр къахузэгъэпэщыныр; в) щIалэгъуалэм я деж псэукIэ узыншэм и лъапIэныгъэхэм я пщалъэхэр щызэтеухуэным, щIалэгъуалэм псэукIэкIэ шэсыпIэхэр къахузэгъэпэщыныр, еджэным, щIэныгъэ, щIэныгъэ-техникэ, творчествэ лэжьыгъэм пэрытыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр; г) щIалэгъуалэр IэщIагъэхэм хэгъуэзэным, ар Iуэхухэм хэпщIауэ щытыным, лэжьапIэ увыным, абы агропромышленнэ IэнатIэм и IуэхущIапIэхэри яхэту щылэжьэным, хьэрычэтыщIэ IэнатIэм пэрытыным, финансхэм зэрахищIыкIым хигъэхъуэным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр; д) щIалэгъуалэм нэмысыншэу зыкъагъэлъэгъуэным пэщIэтыным, ар хабзэхэм хэгъэгъуэзэныр, информацэ къыщхьэщыжыныгъэр; е) щIалэгъуалэм езыхэм яфIэфIу псапащIэ Iуэхухэр ящIэнымкIэ (волонтер IэнатIэм), щIалэгъуалэ, сабий жылагъуэ-къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, щIалэгъуалэм езыхэм я Iуэхухэр щызэрахьэж органхэр къызэрагъэпэщынымкIэ Iэмалхэр зэтраухуэныр;»; б) епщыкIутIанэ абзацым щIыгъужын мыпхуэдэ псалъэухахэр зыхэт абзацхэр: ж) щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм управленэмрэ инфраструктурэмрэ я ухуэкIэр щегъэфIэкIуэныр. 2025 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлажьэ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектыщIэр. Абы и мурадыр хуэгъэзащ хэкупсэу, нэмысышхуэ яхэлъу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу Урысейм и суверенитетыр, зэпеуэхэм хэтыфыныр, дяпэкIи зиужьыныр къызэзыгъэпэщыфыну урысей цIыхухэм я щIэблэ зэфIэгъэувэныр икIи абы зегъэужьыныр. Лъэпкъ проектыщIэр хуэунэтIащ «Дэтхэнэ цIыхуми и къарур пхыгъэкIыным абы и зэфIэкIхэм зегъэужьыным, ар хэкупсэу щыт, ихь жэуапыр зыхэзыщIэ цIыху гъэсэным» теухуа лъэпкъ мурадыр зэгъэхъулIэным. 2025 гъэм щегъэжьауэ 2030 гъэри хыхьэу министерствэм игъэзэщIэнущ федеральнэ проекту щы -«Урысейр Iэмалхэр здэщыIэ къэралщ», «Дэ дызэгъусэщ (сыт и лъэныкъуэкIи екIуу зызыужьа цIыху гъэсэныр)», «Урысейм дунейм щиIыгъ увыпIэр». жыхуиIэхэр; 2) 2-нэ Iыхьэ къуэдзэм: а) епщIанэ абзацыр мыпхуэдэу тхын: «Гулъытэ щхьэхуэ хуащIын хуейщ мыпхуэдэ унэтIыныгъэхэм зегъэужьыным: волонтерствэм (езыхэм яфIэфIу зэфIагъэкI лэжьыгъэм), коммерцэу щымыт щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр дэIыгъыным, щIалэгъуалэм информацэ-медиа IэмэпсымэхэмкIэ ядэлэжьэныр зэтеухуэным.»; б) епщыкIущанэ абзацыр мыпхуэдэу тхын: «2024 гъэм и дыгъэгъазэм зэрыщытамкIэ, муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм я щIыпIэ администрацэхэм зэлэжьым тещIыхьа IэнатIэу 7 къыщызэрагъэпэщащ, къуажэхэм я щIыпIэ администрацэхэм аргуэру лэжьакIуи 104-рэ къащтащ, щIалэгъуалэ политикэм теухуа муниципальнэ программэхэр зэхалъхьащ.»; в) епщыкIутхуанэ, епщыкIуханэ абзацхэр мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр 2022, 2023, 2024 гъэхэм щытекIуащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щIалэгъуалэ политикэм зэщIэгъэуIуауэ зыщегъэужьынымкIэ я программэхэм ирагъэкIуэкIа «НыбжьыщIэхэм папщIэ щIыналъэ» Урысейпсо зэпеуэм. А программэм зэрыхэта илъэсищым федеральнэ бюджетым къикIыу къыIэрыхьащ сом мелуан 460-м щIигъу. Ахэр щIалэгъуалэ центрхэр къызэгъэпэщыным (2023 гъэм 3 къызэIуахащ, 2024 гъэм - 4), апхуэдэу щIалэгъуалэ политикэм егъэщIылIа Iуэхухэр зэщIэгъэуIуауэ зэфIагъэкIыным хухахащ»; г) епщыкIуханэ абзацым къыкIэлъыкIуэу щIыгъун мыпхуэдэ псалъэухахэр зыхэт абзацыр: «2025 гъэм субсидиехэм я мылъкукIэ Налшык къалэм «Iуащхьэмахуэ» щIалэгъуалэ стационар лагерыр, апхуэдэу Бахъсэн муниципальнэ районым щыIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щIалэгъуалэ центр щаухуэну я мурадщ.»;
а) етIуанэ, ещанэ абзацхэр мыпхуэдэу щытхын: «2030 гъэ пщIондэ дэлъ лъэхъэнэм икIи 2036 гъэм нэсыхукIэ Урысей Федерацэм зегъэужьыным хуэгъэза лъэпкъ мурадхэу Урысей Федерацэм и Президентым «2030 гъэ пщIондэ дэлъ лъэхъэнэмрэ 2036 гъэм нэсыхукIэ Урысей Федерацэм зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэм я IуэхукIэ» 2024 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №309-мкIэ щIэгъэбыдахэм»; «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым щыубзыхуа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ»; «; б) етхуанэ абзацыр мыпхуэдэу тхын: «2030 гъэ пщIондэ Урысей Федерацэм щIалэгъуалэ политикэр щыгъэзэщIэнымкIэ Стратегиер къэщтэным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2024 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №2233-р; ».
«1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэ политикэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм (адэкIэ - къэрал программэщ) къитIасэу «Урысейр Iэмалхэр здэщыIэ къэралщ» щIыналъэ проектым (адэкIэ - субсидиехэр, щIыналъэ проект) и мурадхэр, яубзыхуахэр къезыгъэхъулIэхэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щIалэгъуалэ политикэм зэщIэгъэуIуауэ зегъэужьынымкIэ зэхалъхьа Iуэхухэм я программэр ягъэзэщIэн папщIэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм зыхуагъэувыжа къалэнхэм трагъэкIуэдэнухэм щIагъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым икIыу муниципальнэ, район, къалэ округхэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщыну щIыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ мы Хабзэхэм ягъэув.»;
«14 Субсидиехэр муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я финанс органхэм Федеральнэ казначействэм и щIыналъэ органхэм къыщызэIуаха бюджетхэм ягъакIуэ».
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




