Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр тхынымкIэ муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №I54-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ

1. Дзэм ираджэну цIыхухэр тхынымкIэ муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «2025 гъэм  Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр пэщIэдзэу  ятхыныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщызэрагъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №154-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр тхынымкIэ Бахъсэн къалэ округым и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:

ШыкIэбахъуэ А.Р. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн,  Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIщ) хэгъэхьэн;

ХьэцIыкIу М.Б. хэгъэкIын;

б) Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр тхынымкIэ Бахъсэн муниципальнэ районым и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:

ШыкIэбахъуэ А. Р. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр  ( комиссэм и унафэщIщ) хэгъэхьэн;

ХьэцIыкIу М. Б. хэгъэкIын

в) Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр тхынымкIэ Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и комиссэм и гуп нэхъыщхьэм:

ШыкIэбахъуэ А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Бахъсэн къалэ округым, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссарыр (комиссэм и унафэщIщ) хэгъэхьэн;

ХьэцIыкIу М. Б. хэгъэкIын;

г) Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэм ираджэнухэр тхынымкIэ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и комиссэм и  гуп нэхъыщхьэм:

ХьэцIыкIу М. Б.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и комиссарыр (комиссэм и унафэщIщ) хэгъэхьэн;

Къуэдз А. М.- хэгъэкIын

2) Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2025 гъэм щIышылэм и 27-м

№3-УГ

Поделиться: