Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэКъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. Сурэтхэм къадэкIуэу, гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр, художественнэ гуащэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр Дон Iус Ростов щыщ художникхэм я лэжьыгъэхэм хагъэгъуэзэн папщIэ. СурэтыщI 13-м я IэдакъэщIэкI 60-м щIигъу къызэщIрагъэубыдащ абы. Лэжьыгъэхэр купщIэ зиIэщ икIи щIэщыгъуэщ. Нэхъыбэу абы щыболъагъу Дон Iус Ростов къалэм, Кавказым я щIыуэпсым я дахагъэр къызэрыщ, удэзыхьэх теплъэгъуэхэр. Художникхэм иджырей сурэтыщI гъуазджэм и Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къызэрыщагъэсэбэпар наIуэщ. Нэхъыщхьэращи, мы лэжьыгъэхэр япэу утыку щагъэлъагъуэу аращ.
Поделиться:
Читать также:
10.11.2026 - 17:30 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
26.10.2026 - 16:04 →
Къафэр зи псэм хэлъ
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
| ||




