Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм фокIадэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №146-ПП-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм мазаем и 5-м Налшык къалэ №8-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэрырагъаджэ программэм щыубзыхуахэр щызыгъэзащIэхэм сабийм зэращыкIэлъыплъым икIи зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIат пщIэм щыщ Iыхьэу компенсацэу иратыжынур зэрагъэув хабзэм и IуэхукIэ» 2024 гъэм фокIадэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №146-ПП-м и 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«2. Къэрал, муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр егъэджэным теухуа программэм щыубзыхуахэр щызыгъэзащIэхэм сабийхэм зэращыкIэлъыплъым икIи зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIатыр ику иту мыпхуэдизу гъэувын:
2024 гъэм сом 1777,0-рэ;
2025 гъэм сом 1861,-0 - рэ».
2. Мы унафэм къару егъуэт официальнэу къызэрытрадзэрэ махуипщI дэкIа иужь икIи къызэщIеубыдэ 2025 гъэм щIышылэм и 1-м иужькIэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Поделиться: