«Искож» хьэблэм щаухуа Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым япэу щагъэлъэгъуащ «Лица Кавказа» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ «Лица Кавказа» мультимедие Iуэхум хыхьэу, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондымрэ «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
Выставкэм лъабжьэ хуэхъуар Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэмрэ иджырей псэукIэмрэщ. Абы къызэщIрагъэубыдащ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, нысашэм ехьэлIа хабзэхэр, Кавказым щызекIуэ модэр, фэилъхьэгъуэхэр, нэхъыжьхэм, щIэблэм теухуауэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр, лъэпкъ махуэшхуэхэр, щэнхабзэр, тхыдэр, лъэпкъыбзэхэр сабийхэм зэраджым я фIыгъэкIэ я щхьэхуэныгъэхэр, лъэпкъ щэнхабзэр ящIэу къызэрытэджыр. Выставкэм сурэти 120-рэ видеонэтыни 5-рэ щагъэлъэгъуащ, блэкIамрэ нобэмрэ я лъэмыжхэр кърагъэнаIуэу.
«Лица Кавказа» нэтыным ирагъэплъащ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэр. Модельер-дэрбзэр, дизайнер цIэрыIуэ, «Институт культурного наследия» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэзыгъэпэща Сэралъп Мадинэ абы щытопсэлъыхь адыгэ фэилъхьэгъуэм и тхыдэм, фащэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм, иджырей зэманым декIуу ахэр къызэригъэщIэрэщIэжым, фащэм щIыгъу хьэпшыпхэм (бащлъыкъ, бгырыпх, чысэ, нэгъуэщIхэми) я мыхьэнэм, ди адыгэ бзылъхугъэ, цIыхухъу фащэхэм дуней псом щыхалъагъуэ дахагъэм.
Ильинов Максим къытеувыIащ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъуныгъэм, апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр лIэщIыгъуэкIэрэ зэрагъэбыдэм, я щэнхабзэм хэлъ фIагъхэмкIэ зэрызэдэгуашэм, нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэхущытыкIэхэм, пщIэ-нэмысым. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыдэм, нобэрей гъащIэм щыщ куэди. Псалъэм папщIэ, я лъэпкъ жыгыр зэрызэфIагъэувэжам, я тхыдэр зэрахъумэм теухуа лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэнт. Табасаранхэм нэхъапэм алэрыбгъу тхыпхъэхэр IэкIэ зэIуащэу щытамэ, иджы ахэр станоккIэ зэращIыр сурэтым щыболъагъу. Ар лъэпкъым къыдекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэр зэрыкIуэдыжым и щапхъэщ.
Iуэхур зи жэрдэм икIи выставкэр къызэзыгъэпэща журналист Карманов Александр къытеувыIащ мыр къыщIыхалъхьам и щхьэусыгъуэм. Абы нэхъыщхьэу къигъэлъэгъуам и гугъу пщIымэ, бжыгъэр и лъабжьэу зызыужь экономикэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ цIыхухэр зэсам зэрытрашырщ. Кавказым исхэм сыт щыгъуи я лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр япэ ирагъэщу, ахэр зэрахъумэжыным пылъу къокIуэкI. Выставкэри аращ щыхьэт зытехъуэр.
- Фащэр лъэпкъым и «теплъэр», гупсысэкIэр, дунейм щиIыгъ увыпIэр къэзыгъэлъагъуэ дахагъэщ. Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи и хьэлкIэ зэпIэзэрыту, «щыкIа» псалъэм и мыхьэнэм пэIэщIэу, фащэр зыщыгъым пщIэ зыхуигъэщIу къэгъуэгурыкIуащ. Зэманыр кIуэхункIэ, цIыхум и гупсысэми зехъуэж, нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэр иIэ мэхъу. Лъэпкъ фащэхэр щIэлъапIэр ахэр лъэхъэнэхэм къызэрыкIуэцIрыкIарщ, иджы дэ ар ди щапхъэу зетхьэну Iэмал дызэриIэрщ. Фащэм дэтхэнэ цIыхуми езым пэгъунэгъу гуэр хелъагъуэ, - жеIэ Сэралъп Мадинэ. - ХьэгъуэлIыгъуэ, гуфIэгъуэ щхьэкIэ фащэ къыщащтэм деж, ныбжьыщIэхэр зэплъыр зи теплъэр нэхъ гъэщIэрэщIахэрщ, мы зэманым къедгъэзэгъахэрщ.
«Лица Кавказа» выставкэр щагъэлъэгъуэнущ Владикавказ, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь къалэхэм.
Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.