Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм кIуахэм (Iэпхъуахэм) зэ етыгъуэкIэ компенсацэ папщIэу иратхэм я IуэхукIэ
2025 гъэм щIышылэм и 27-м Налшык къалэ №3-ПП
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу Урысей Федерацэм и жылэхэу щыпсэу цIыху бжыгъэр цIыху мин 50 иримыкъухэм кIуахэр, (Iэпхъуахэр) дэIыгъын папщIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу Урысей Федерацэм «Щэнхабзэм зегъэужьыныр» и къэрал программэм и гуэдзэн №37-м къыщыхьахэм, Урысей Федерацэм и Правительствэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къыдигъэкIа унафэ №317-мкIэ щIэгъэбыдахэм, япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм кIуахэм (Iэпхъуахэм) зэ етыгъуэкIэ компенсацэу ахъшэ зэрырат икIи къызэрагъэсэбэп Хабзхэр къэщтэн.
2. Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм кIуахэм (Iэпхъуахэм) зэ етыгъуэкIэ компенсацэу ахъшэ зыт Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и уполномоченнэ органу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр къэлъытэн.
3. Мы унафэм къару егъуэт официальнэу къызэрытрадзэрэ махуи 10 дэкIа иужь икIи 2025 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къыкъуэкIа хабзэ зэхущытыкIэхэр къызэщIеубыдэ.
4. Мы унафэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм 2025 гъэм щIышылэм и
27-м къыдигъэкIа унафэ №3-ПП-мкIэ
къащтащ
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм кIуахэм (Iэпхъуахэм) зэ етыгъуэкIэ компенсацэу ахъшэ зэрырат икIи къызэрагъэсэбэп
Хабзэр
1. Мы Хабзэм еубзыху Урысей Федерацэм и цIыхухэу IэщIагъэ курыт щIэныгъэ е щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм хыхьэ къуажэ щIыпIэхэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэхэм щылэжьэну кIуахэм (Iэпхъуахэм) икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органым е муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и щIыпIэ самоуправленэм и органым я унафэм щIэт щэнхабзэ IуэхущIапIэм (адэкIэ - щэнхабзэ IуэхущIапIэщ) Урысей Федерацэм и лэжьыгъэ законодательствэм тету ягъэува лэжьэгъуэ махуэ псор ирихьэкIыу илъэситху нэхърэ мынэхъ мащIэ пIалъэкIэ щылэжьэну зэгурыIуэныгъэ езыщIылIахэм Урысей Федерацэм «Щэнхабзэм зегъэужьыныр» и къэрал программэу Урысей Федерацэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къыдигъэкIа унафэ №317-мкIэ щIэгъэбыдам ипкъ иткIэ зэ етыгъуэкIэ компенсацэу ахъшэ зэрырат щIыкIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм лэжьакIуэр щаримыкъу IэнатIэхэу илъэс къэс зэхилъхьэхэм щыщ лэжьапIэ уву щытмэ (адэкIэ къызэрыкIуэнухэр ахъшэущ, щэнхабзэм и лэжьакIуэущ, лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэрщ, министерствэрщ, лэжьакIуэ щахуримыкъу IэнатIэхэущ).
2. Ахъшэ къратынымкIэ хуитыныгъэ зиIэхэр къыхэзыхыр Министерствэрщ. КонкурскIэ къызэрыхахым теухуа Положенэр къэзыщтэр Министерствэрщ (адэкIэ - конкурскIэ къызэрыхахыр).
3. КонкурскIэ къыхэзыхыр щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу ахъшэ иратынымкIэ хуитыныгъэ зиIэхэр къыщыхах зэпеуэ езыгъэкIуэкI конкурс комиссэрщ (адэкIэ - конкурс комиссэщ) Министерствэм къызэрегъэпэщ. Конкурс комиссэм хэтхэр, абы и лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщыну, лъэIухэм зэрыхэплъэну, ахэр зэрызэхуахьэс, конкурскIэ къыщыхахым хэтын папщIэ лъэIухэр къызэрат щIыкIэр, езыхэм ятеухуа хъыбархэм елэжьыну арэзы зэрыхъу щIыкIэр зыгъэувыр Министерствэрщ.
4. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм езым къыхех кърата ахъшэр къыщигъэсэбэпыну унэтIыныгъэхэр.
5. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм ахъшэ ират, мы Хабзэм и 11-нэ пунктым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету лъэныкъуищ зэгурыIуэныгъэ ярищIылIэмэ.
6. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм ахъшэ иратыркъым:
а) лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэ зрищIылIа щэнхабзэ IуэхущIапIэм илъэситху пIалъэм нэмысу ар зэрикъутэжам къыхэкIыу нэхъапэм иратауэ щыта ахъшэм щыщ Iыхьэ къригъэгъэзэжамэ, иужькIэ аргуэру щылэжьэну къуажэ щIыпIэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэм Iэпхъуамэ;
б) нэхъапэм щылэжьа щэнхабзэ IуэхущIапIэм лэжьапIэ щыувын папщIэ цIыху мин 50 щримыкъу щыпсэу къалэм етIуанэу Iэпхъуамэ.
7. Щэнхабзэм и IуэхущIапIэм лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэ щрищIылIа махуэм щегъэжьауэ лэжьэгъуэ махуэ 30-м къитIасэу щэнхабзэм и лэжьакIуэм Министерствэм лъэIу тхылъ ирет министерствэм игъэува жыпкъэм тету ахъшэ иратыным теухуауэ.
8. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм жэуап ехь ахъшэ къратын папщIэ и лъэIу тхылъым къыщыгъэлъэгъуа хъыбархэм я пэжагъымкIэ.
9. ЛъэIу тхылъыр къызэрыIэрыхьэрэ лэжьэгъуэ махуэ 15-м къитIасэу Министерствэм хъыбархэр зэрырикъумрэ абыхэм я пэжагъымрэ къепщытэ, ахъшэ етыным е ирату мыдэным теухуа унафэ къещтэ икIи а унафэр зыхуэдэмкIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэм хъыбар ирегъащIэ.
10. Ахъшэ ирату мыдэнымкIэ лъабжьэхэу щытщ:
а) ахъшэ иратын папщIэ ирата лъэIу тхылъым хъыбарыпцIхэр иту къызэрахутар;
б) щэнхабзэм и лэжьакIуэу лъэIу тхылъ къэзытар мы Хабзэм къигъэувхэм зэремызэгъыр.
11. Министерствэмрэ щэнхабзэм и IуэхущIапIэмрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэм лъэныкъуищ зэгурыIуэныгъэ иращIылIэ Министерствэм игъэува жыпхъэм тету. Абы къыщыгъэлъэгъуащ:
а) лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэ щрищIылIа махуэм щегъэжьауэ илъэситху пIалъэр икIыхукIэ лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэм тету зыпэрыт IэнатIэм и пщэ къыщыдэхуэ къалэнхэр игъэзэщIэныр, и къалэнхэр нэсу щримыхьэкI лъэхъэнэм тещIыхьауэ лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр ягъэIэпхъуэныр (Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэ кодексым и 255-257-нэ статьяхэм къыщыгъэлъэгъуахэр хэмыту Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэ кодексым и 107-нэ статьям щыубзыхуа зыгъэпсэхугъуэ зэманхэр химыубыдэу);
б) и къалэнхэр имыгъэзащIэмэ, мы пунктым и «а» пункт къуэдзэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэр щакъутэжкIэ (Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэ кодексым и 77-нэ статьям и япэ Iыхьэм и 8-нэ пунктымрэ 83-нэ статьям и япэ Iыхьэм и 5-7-нэ пунктхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа лъабжьэхэр иIэу лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэ къыщызэпаудыр хэмыту) иратауэ щыт ахъшэр къанэ щымыIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым халъхьэжыныр;
в) лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэр зэрызэращIылIэрэ илъэситху пIалъэр имыухыу ар къызэпаудамэ щымылажьэу къэна лъэхъэнэм тещIыхьа ахъшэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым халъхьэж (Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэ кодексым и 77-нэ статьям и япэ Iыхьэм и 8-нэ пунктымрэ 83-нэ статьям и япэ Iыхьэм и 5-7-нэ пунктхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа лъабжьэхэм тету лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэ якъутэжхэр хэмыту). Апхуэдэу мы пунктым и «а» пункт къуэдзэм къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэм ящыщ Iыхьэ имыгъэзащIэмэ, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр щахуримыкъу IэнатIэхэм хэмыт нэгъуэщI лэжьыгъэ ягъакIуэмэ е нэгъуэщI IэщIагъэ зэрагъуэт программэхэм хуеджэну щIэтIысхьэмэ;
г) лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэр щакъутэжа махуэм щегъэжьауэ зэрымылэжьа лъэхъэнэм тещIыхьауэ къэна ахъшэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым халъхьэж, дзэ къулыкъум зэрыраджам папщIэ лэжьапIэ IуагъэкIамэ (Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэ кодексым и 83-нэ статьям и япэ Iыхьэм и 1-нэ пунктым ипкъ иткIэ) е и къалэнхэр щимыгъэзэщIа лъэхъэнэм лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэм къару щиIэ пIалъэр ягъэIэпхъуаащ (лэжьакIуэм къызэрыхихым тету).
И къалэнхэр щимыгъэзэщIа лъэхъэнэр зэгурыIуэныгъэм къару щиIэ пIалъэм хригъэубыдэным теухуа унафэр щэнхабзэм и лэжьакIуэм апхуэдэ унафэ къызэрищтэрэ лэжьэгъуэ махуи 10-м къитIасэу (а унафэр зэгурыIуэныгъэр ямыкъутэж щIыкIэ къещтэ) Министерствэм лъэIу тхылъкIэ зыхуегъазэ и пIалъэр гъэIэпхъуэнымкIэ аргуэру зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэным теухуауэ. Апхуэдэ унафэ къищтэмэ, щэнхабзэм и IуэхущIапIэм и къалэнщ дзэ къулыкъур ирихьэкIыхукIэ щэнхабзэм и лэжьакIуэм а IэнатIэр хуихъумэну.
12. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым ахъшэ хамылъхьэжмэ, Министерствэм къызэрегъэпэщ халъхьэжын хуей ахъшэр судкIэ къыIахыжыныр.
13. Министерствэм гурыIуэу щэнхабзэм и лэжьакIуэм нэхъапэм къыIэрыхьа ахъшэр мызэ-мытIэу и лэжьапIэр ихъуэжми къыхуагъэнэжу ядэ, абы мы къэкIуэнухэр игъэзащIэмэ:
а) и лэжьапIэр зыхъуэжыр абы хиыбудэ щэнхабзэ нэгъуэщI IуэхущIапIэу къуажэ щIыпIэм е цIыху мин 50 иримыкъу щыпсэу къалэм щыIэм апхуэдэ лэжьапIэ щыувмэ;
б) щылэжьэн хуейуэ мы пунктым и «а» пункт къуэдзэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету щэнхабзэм и лэжьакIуэм и къулыкъур министерствэм лэжьакIуэ щримыкъу IэнатIэхэу иубзыхуам хэту щытын хуейщ;
в) и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр игъэзэщIэну щэнхабзэм и лэжьакIуэм ярищIылIа зэгурыIуэныгъэм зэрыпищэнур къыщыгъэлъэгъуа зэгурыIуэныгъэ лэжьакIуэм Министерствэмрэ щэнхабзэм и IуэхущIапIэмрэ ярищIылIэмэ.
14. Мы Хабзэм и 12-нэ пунктым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету ахъшэр лъэныкъуищ зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIэрэ махуэ 30-м къитIасэу Министерствэм ирет, ар зыIэрыхьэн хуейм и банк картэм, ахъшэр зэрызэIэпах лъэпкъ Iэмэпсымэу щытым, ирелъхьэри.
15. Щэнхабзэм и IуэхущIапIэм ирищIылIа лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэр илъэситху пIалъэр имыкIыу щэнхабзэм и лэжьакIуэм икъутэжмэ, абы и къалэнщ и щхьэусыгъуэр къигъэлъагъуэу лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэр щикъутэжа махуэм къыкIэлъыкIуэ зы лэжьэгъуэ махуэм къитIасэу Министерствэм хъыбар иригъэщIэну.
16. Министерствэр кIэлъоплъ мы Хабзэм ахъшэ зэрырат щIыкIэу щыубзыхуар зэрагъэзащIэм.
17. Мы Хабзэр, лэжьакIуэ зыхущыщIэ IэнатIэхэр, апхуэдэу ахъшэхэр итыну зи пщэ далъхьа органу щыт Министерствэм теухуа хъыбарыр итщ Министерствэм «Интернет» информацэ-телекоммуникацэ сетым щиIэ официальнэ сайтым.
Поделиться:
Читать также:
22.11.2026 - 12:32 →
ЛIыхъужьым и дерс
21.11.2026 - 11:18 →
ЩIыналъэ мылъкур зыхуэдизынумрэ зытрагъэкIуэдэнумрэ
21.11.2026 - 09:00 →
Гулъытэ лъапIэ
18.11.2026 - 12:09 →
Экспортный совет и инвест.декларация - изменения
17.11.2026 - 09:00 →
Пэжу пIэрэ?
| ||




