ЕхъулIэныгъэхэмрэ мурадхэмрэРеспубликэм и депутатхэр псапэ зыпылъ Iуэхухэм зэрыхэтым, хабзэубзыху IуэхущIапIэм и ебланэ зэхуэсыгъуэм и лэжьыгъэр зэриунэтIым, федеральнэ жэрдэмхэр пхыгъэкIынымкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми къытхутопсэлъыхь КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
КъыдэкIуэтей щIэблэм тегъэщIауэ
- Иджыпсту мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэм ящыщу къызолъытэ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» зыфIаща Iуэхур. Ар зытеухуар щIэблэр гъэсэнырщ, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ хабзэхэм щIэпIыкIынырщ, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ ар пэIэщIэ щIынырщ. Мы Iуэхум щIалэгъуалэм дызэрыдэлажьэ щIыкIэр игъэбелджылы къудейкъым, атIэ ныбжьыщIэхэр жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтынми езыхэми пщэрылъ къазэрытехуэми хуигъэхьэзырынущ. Дауэ мыхъуми, ди къэралым и къэкIуэнур ахэращ зыIэщIэлъыр, - жеIэ Егоровэм. - Къыхэзгъэщынут «Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ», «Экологие шынагъуэншагъэ» лъэпкъ Iуэхухэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къулейщ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ, псы хущхъуэхэмкIэ. Илъэс къэс республикэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хохъуэ. Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ туризмэмрэ абы ехьэлIа Iуэхутхьэбзэхэмрэ зедгъэужьыным, сыту жыпIэмэ ар ди экономикэр къэзыIэт IэнатIэхэм ящыщщ. Абы къэрал ахъши уней мылъкуи хэтлъхьэнущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт 2025 гъэм туризмэм епха налогыр зы процентым зэрыщIимыгъунур, ауэ 2029 гъэм ирихьэлIэу ар проценти 5-м нэсынущ. Абы къызэщIиубыдэнущ санаторэхэр, цIыхухэр пIалъэкIэ къыщызэтеувыIэ хьэщIэщхэр. Хьэрычэт Iуэхум ар къытемыхьэлъэн хуэдэу хуэгъэкIуатэхэр къагъэсэбэпыну Iэмал яIэнущ. Псори зэхэту ди республикэм лъэпкъ Iуэху 12 егъэзащIэ.
Жьы хъуа псыжапIэхэр
- ЩIыналъэ куэдым гугъуехьхэр яIэщ ЖКХ-м ехьэлIауэ. Аращ къэралым абы гулъытэ хэха щIыхуищIыр. ЗэрыфщIэщи, УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ мы IэнатIэр егъэфIэкIуэным триллиони 4-рэ ныкъуэрэ трагъэкIуэдэну. Ди республикэм и гугъу пщIымэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм зэрызедгъэужьыным иужь дитми, жьы хъуа псыжапIэхэр, хуабэр зэрыкIуэ бжьамийхэр иджыри ди куэдщ. Къапщтэмэ, 2025 - 2027 гъэхэм къриубыдэу псом япэу дызэлэжьын хуейхэр дгъэбелджылащ. Абы ипкъ иткIэ псыжапIэ километр 250-м нэблагъэ щызэрахъуэкIынущ, республикэм и щыхьэрым и псы зэхуэхьэсыпIэ нэхъыщхьэу тIу зэрагъэпэщыжынущ. КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм «Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьыным и IуэхукIэ» къэрал программэм хыхьэу, Азау хуейм къыщыщIэдзауэ Эльбрус къуажэм нэскIэ псы фIейр зэрыжэ бжьамийхэр зэрахъуэкIынущ, Тырныауз къалэм псы фIейр щагъэкъабзэ ухуэныгъэхэм щелэжьынымрэ Бахъсэн щIы щIагъкIэ псыр щIэжу щыщIынымрэ ехьэлIа Iуэхухэми пащэнущ. НэгъуэщI лэжьыгъэ куэди къытпэщылъщ. Зэман гъунэгъум абыхэм елэжьыным сом меларди 3,6-м щIигъу хухагъэкIынущ, - жиIащ къэпсэлъам.
ЦIыхубэм я щIэгъэкъуэнщ
Егоровэ Татьянэ зэрыжиIэмкIэ, псом хуэмыдэжу ди зэманым гулъытэ хэха хуащIын хуейщ тхыдэр зремыгъэхъуэкIыным. Абы жиIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм Iуэхугъуэ куэд зэрыращIылIэнур, ауэ псом нэхъыщхьэр нэхъыжьхэм гулъытэ ягъуэтын зэрыхуейрщ. Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ депутатхэм 20I6 гъэ лъандэрэ Хэку зауэшхуэм хэта ветеранхэм я нэIэ зэрытрагъэтыр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъакъуэу, хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщу. Ар къытеувыIащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэмрэ мыхьэнэмрэ депутатхэр, щIэныгъэлIхэр, къулыкъущIэхэр, дин лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр зэгъусэу щытепсэлъыхьу КъБР-м и Парламентым тхьэмахуитIым нэблагъэкIэ зэхуэсхэр зэрыригъэкIуэкIами.
Мы зэманым депутатхэм я нэIэм щIэтщ дзэ Iуэху хэхам хэт цIыхуи 140. Егоровэ Татьянэ зэрыжиIамкIэ, а Iуэхур ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьа «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» жэрдэмым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным. СВО-м щыIэхэм я сабийхэмрэ унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунырщ ар зытеухуар. Апхуэдэ унагъуэхэм гулъытэ хэха хуащI, сыт хуэдэ гугъуехь къалъыкъуэкIми, зыкъызэрыхуагъазэу зэхагъэкIыным иужь йохьэ. КъищынэмыщIауэ, хабзэубзыху IуэхущIапIэм и депутатхэм мазэ къэс ахъшэ зэхуахьэс дзэ Iуэху хэхам хэтхэм иридэIэпыкъуну.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр къытеувыIащ щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ нэгъуэщI дэIэпыкъуныгъэхэми: зэгурыIуэныгъэм Iэ щытрадзэкIэ зэуэ сом мелуанрэ ныкъуэрэ зэрыратым, мазэ къэс сом мин 25-рэ зэрыхущIагъум, уIэгъэ хъуахэм сом мини 100 - 300-кIэ зэрызыщIагъакъуэм. «Ди хабзэубзыху IуэхущIапIэм къищтащ зеиншэу къэхъуахэм ящыщу СВО-м къулыкъу щызыщIэну кIуар хэкIуадэ хъумэ, унэ къратын хуейуэ абы иIэ хуитыныгъэхэр и унагъуэм, щхьэгъусэмрэ сабийхэмрэ, зэрыратым теухуа хабзэ. Къапщтэмэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм дазэрыдэIэпыкъур куэд мэхъу, апхуэдэхэм я бынхэр пщIэншэу школым зэрыщагъашхэм къыщыщIэдзауэ налог транспортыр зэращхьэщахым щыщIэкIыжу. Къыхэзгъэщыну сыхуейт СВО-м ирагъашэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэхуэхьэсыным депутатхэри жыджэру зэрыхэтыр», - жеIэ Егоровэ Татьянэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:06 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
14.03.2025 - 14:14 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
13.03.2025 - 11:23 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
12.03.2025 - 11:44 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
10.03.2025 - 14:01 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
|