Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ«2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм планкIэ яку дэлъ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр зэрагъэзэщIэнум хэлъ щхьэхуэныгъэхэм ятеухуауэ 2025 гъэм щIышылэм и 28-м Налшык къалэ №6-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. 2025 гъэмрэ 2026, 2027 гъэхэм планкIэ яку дэлъ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр (адэкIэ-республикэ бюджетщ) зэрагъэзэщIэнур къэщтэн. 2. Республикэ бюджетым и мылъкухэр нэхъыщхьэу зезыгъэкIуэнухэм: а) финанс илъэсыр икIыхукIэ республикэ бюджетым и мылъкухэр зэхуэдэу икIи фейдэ пылъу къагъэсэбэпыну; б) хэщIыныгъэхэмкIэ зи пIалъэр икIа кредит щIыхуэр къэмыгъэхъуным кIэлъыплъыныр къызэрагъэпэщыну; в) зи пIалъэр икIа дебитор щIыхуэ къэмыгъэхъуныр икIи (е ар гъэмэщIэныр къызэрагъэпэщыну. 3. Мурад пыухыкIа зиIэ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансферт республикэ бюджетым къыхэкIыу щIыпIэ бюджетым хуаутIыпщынымIэ (адэкIэ-нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансферт) зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ: а) муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм хэщIыныгъэхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр игъэзэщIэну щIыпIэ бюджетым къыщыгъэлъэгъуа бюджет мылъкуу нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр щIэгъэкъуэн хуэхъун мурадкIэ щIыхуаутIыпщым я инагъыр; б) хуаутIыпщ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр зыхуэдизыр, ар щIыпIэ бюджетым зэрыхалъхьэ хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ; в) нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр зэрыхуаутIыпщам кърикIуахэр пыухыкIауэ икIи белджылыуэ щытын икIи нэгъуэщI бюджет трансфертхэр зэрыхуаутIыпщ щIыкIэр (хабзэхэр) зыубзыху мардэ правовой актхэм тетын, муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм ахэр зригъэхъулIэн папщIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр къагъэлъэгъуэн хуейщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и купщIэу щыту муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм хэщIыныгъэхэмкIэ и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр игъэзэщIэным ахъшэкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъун мурадкIэ хуаутIыпщ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр зэрыратам кърикIуар техуэу щытын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм а и купщIэу паспортым щыгъэува Iуэхум (абы кърикIуам); г) щIыпIэ бюджетым хэщIхэр ирагъэкъун папщIэ, апхуэдэу нэгъуэщI бюджет трансфертхэр зэрыхуаутIыпщ щIыкIэу (хабзэхэу) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мардэ правовой актхэм езэгъыу нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр зэрыхуаутIыпщам кърикIуахэр зэрызрагъэхъулIам теухуа отчет щат пIалъэмрэ а отчетыр зэращI теплъэмрэ; д) «в», «з» пункт къуэдзэхэм (а пункт къуэдзэхэм къыщыгъэлъэгъуа графикымкIэ), Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм кIуэ субсидиехэр зэрыхузэхалъхьэ, зэрыхуаутIыпщ икIи зэрытрагуашэ Хабзэхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм кIуэ субсидиехэр зэрыщызэхалъхьэм, зэрыхуаутIыпщым икIи зэрытрагуашэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2014 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №308-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам и 10-нэ пунктым республикэ бюджетым къыхэкIыу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм кIуэ субсидиехэр хуаутIыпщын папщIэ зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIэ щIыкIэм хуэдэ Iэмалхэр; е) нэгъуэщI бюджет трансферт хуаутIыпщынымкIэ зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа къалэнхэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм зэригъэзащIэм зэрыкIэлъыплъ щIыкIэр; ж) нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр хуэутIыпщынымкIэ зэгурыIуэныгъэр зэрагъэзащIэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и лъэныкъуэкIэ къалэнхэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зи пщэ далъхьэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и щIыпIэ самоуправленэм и органыр; з) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мардэ правовой актхэу нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр яхуэутIыпщыным ехьэлIа бюджет хабзэ зэхущытыкIэхэр зезыгъакIуэхэм къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI Iэмалхэр. 4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и купщIэу щыт Iыхьэм ипкъ иткIэ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансферт хуаутIыпщурэ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансферт зэрыхуаутIыпщам кърикIуахэмрэ абы и мыхьэнэмрэ занщIэу иралъхьэ жылагъуэ финансхэр зегъэкIуэнымкIэ «Электрон бюджет» къэрал интеграцэ хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэм (техникэ и лъэныкъуэкIэ апхуэдэ Iэмал щыIэмэ). 5. НэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм зэрытрагуашэм (ахэр муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм зэрытрагуашэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным) теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къыдигъэкI правовой актхэм я проектхэм щаубзыхун хуейщ мурад пыухыкIам тету щIыпIэ бюджетхэм нэгъуэщI бюджет трансфертхэр хуаутIыпщынымкIэ аргуэру зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэн хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэ правовой актыр къызэрыдигъэкIрэ махуэ 30 нэхърэ мынэхъ кIасэу. Республикэ е муниципалитет зэхуаку мыхьэнэ зиIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я Iэужьхэр зэрагъэкIуэдыжым пыщIауэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я пщэ далъхьэжа къалэнхэр зэрагъэзащIэм трагъэкIуадэхэм ахъшэкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъун мурадкIэ нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертыр хуэутIыпщынымкIэ зэгурыIуэныгъэм къыщагъэлъэгъуэнкIэ хъунущ а зэгурыIуэныгъэм (муниципальнэ контрактым) къыщыхьа ахъшэм, ауэ финанс илъэсым тещIыхьауэ я пщэ далъхьэжа бюджет къалэнхэм щыгъэувахэм щIимыгъуу, я финанс къыхэкIыпIэу муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм ухуэныгъэ егъэкIуэкIыным, муниципальнэ мылъкум и псэуалъэхэр къанэ щымыIэу егъэфIэкIуэжыным теухуа лэжьыгъэхэр зэрагъэзэщIар. 6. Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 78-нэ, 78-нэ, 80-нэ статьяхэмрэ бюджет инвестицэхэмрэ республикэ бюджетым къыхаха ахъшэр зыIэрыхьэхэм ират абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм ахъшэкIэ щызыхуигъэувыжа къалэнхэмкIэ ягъэгува (ямыгъэтэмэма) щIыхуэ ятемылъу щытмэ (мы пунктым щыгъэува къыщхьэщыкIыныгъэхэр хэмыту). Ахъшэ зыIэрыхьэхэу мы пунктым и япэ абзацым къыщыгъэлъэгъуахэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм ахъшэкIэ зыщыхуагъэувыжа къалэнхэмкIэ ягъэгува (ямыгъэтэмэма) щIыхуэ зэрателъыр (зэратемылъыр) къепщытэ субсидиехэр (бюджет инвестицэхэр) хуэутIыпщынымкIэ зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIа зэманым республикэ бюджетым и мылъкухэр нэхъыщхьэу зезыгъакIуэу щыта IуэхущIапIэм е къэдгъэлъэгъуа субсидие зэрыхуаутIыпщ щIыкIэм (хабзэхэм) щыгъэува нэгъуэщI махуэм е Урысей Федерацэм и Бюджет кодексым и 78-нэ статьям и 2-нэ пунктым и 2-нэ пункт къуэдзэмрэ 78-нэ статьям и 2-нэ пунктым и еплIанэ, еханэ абзацхэм къызэрыщагъэлъэгъуам тету субсидиехэр зэрыхуаутIыпщ щIыкIэм теухуауэ республикэ бюджетым и мылъкухэр нэхъыщхьэу щызезыгъакIуэм къищта унафэм е ар хуаутIыпщынымкIэ хабзэхэм зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэн хуейуэ къыщымыгъэлъэгъуамэ. ЯIэрымыхьа хэхъуэхэр ирагъэкъужын мурадкIэ субсидиехэр зыIэрыхьа цIыхухэм хьэпшыпхэр зэрагъэхьэзырам (лэжьыгъэр зэрагъэзэщIам, Iуэхутхьэбзэхэр зэращIам) трагъэкIуэдахэр финансхэмкIэ щIэгъэбыдэн е трагъэкIуэдахэр хуапшыныжын мурадкIэ субсидиехэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал бюджет IуэхущIапIэм, къэрал IуэхущIапIэ щхьэхуэм щахуиутIыпщкIэ мы пунктым и япэ абзацым зи гугъу ищI щIыхуэр, апхуэдэу Урысей Федерацэм и Правительствэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ къащта правовой актхэм щыубзыхуа нэгъуэщIхэм деж Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал бюджет IуэхущIапIэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэ щхьэхуэм субсидиехэр щраткIэ мы пунктым и япэ абзацым зи гугъу ищI щIыхуэр зэрытемылъыр къыщагъэлъагъуэркъым. 7. ЕкIуэкI финанс гъэм къыхуадэнукъым: а) лэжьапIэкIэ я бюджет къалэнхэм тещIыхьа мардэхэу лэжьакIуэхэм улахуэ етынымкIэ, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм нэгъуэщI ахъшэхэр ятынымкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ социальнэ страхованэмкIэ взносхэ,у къэрал (муниципальнэ) органхэм я лэжьакIуэхэр ахъшэкIэ IыгъынымкIэ, нэгъуэщIу ират ахъшэхэмкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ я социальнэ страхованэмкIэ льготхэу хабзэкIэ ягъэувахэм хагъахъуэу (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я лэжьакIуэхэр щыIуагъэкIкIэ ахъшэкIэ дэIыгъын мурадкIэ зыхуагъэувыжа бюджет къалэнхэм я мардэхэм зэрыхагъахъуэр хэмыту (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъухэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан IэнатIэм хэмыхьэ къулыкъухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэр зэхъуэкIыным, щымыгъэIэжыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я лэжьакIуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къищта унафэхэм япкъ иткIэ къулыкъухэр щагъэмащIэхэр хэмыту), къэрал органхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ ягъэува лэжьапщIэ нэхъ мащIэ дыдэм нагъэсыным, Урысей Федерацэм и сенаторхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыдэлажьэхэм я дэIэпыкъуэгъухэм, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щылажьэхэм я дэIэпыкъуэгъухэм я лэжьапщIэ фондым щIрагъэгъуу, апхуэдэу Урысей Федерацэм и Президентым «Къэрал социальнэ политикэр пхыгъэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №597-м, «2012-2017 гъэхэм ятещIыхьауэ сабийхэм я сэбэп хэлъу зэфIагъэкIынухэм я лъэпкъ стратегием и IуэхукIэ» 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и I-м къыдигъэкIа Указ №76I-м, «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмыту къэна сабийхэмрэ хъумэным я IэнатIэм щрагъэкIуэкI къэрал политикэр пхыгъэкIынымкIэ языныкъуэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ Указ №1688-м лэжьакIуэ языныкъуэхэм я лэжьапщIэхэм хэгъэхъуэным ехьэлIауэ къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэн мурадкIэ, нэгъуэщI мурадхэм хухаха бюджет къалэнхэм хухахахэр зэрагъэмащIэм и хьэкъкIэ улахуэхэм хагъахъуэу, Урысей Федерацэм и законодательствэм нэгъуэщI хабзэ имыгъэувауэ щытмэ; б) лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ етынымкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ социальнэ страхованэм халъхьэ взносхэр, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм ират нэгъуэщIхэмкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ социальнэ страхованэм халъхьэ взносхэм, къэрал (муниципальнэ) органхэм я лэжьакIуэхэр IыгъынымкIэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ ахъшэхэр етынымкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ социальнэ страхованэм халъхьэ взносхэм я мардэхэу хабзэкIэ ягъэувахэр ягъэмащIэу нэгъуэщI Iуэхухэм хухаха бюджет къалэнхэм я мардэхэм хагъэхъуэн мурадкIэ ягъэмащIэу, республикэ бюджетым и мылъкухэмкIэ хуапшыныжыныр къыщыгъэлъэгъуа суд унафэхэр ягъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ бюджет къалэнхэм трагъэкIуадэхэр хэмыту. 8. Республикэ бюджетым и мылъкухэр нэхъыщхьэу зезыгъакIуэхэм къыхалъхьа Iуэхухэу екIуэкI финанс илъэсым и гъатхэпэм и 20-м е къэдгъэлъэгъуа зэманыр щиух иужь лэжьэгъуэ махуэм нэхърэ нэхъ мыкIасэу зэщIагъэуIуахэр я лъабжьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФинансхэмкIэ и министерствэм муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я бюджетхэм субсидиехэу, субвенцэхэу, мурад хэхам тещIыхьа нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэу хуаутIыпщ бюджет мылъкур хигъэхъуэн папщIэ екIуэкI финанс илъэсымрэ планкIэ къапэщыт лъэхъэнэмрэ ятещIыхьа республикэ бюджетыр къызэщIэзыкъуэжым зэхъуэкIыныгъэхэр хелъхьэ ягъэува хабзэм тету. Ахэр 2024 гъэм хуаутIыпщащ къэдгъэлъэгъуа нэгъуэщI бюджет зэхуаку трансфертхэр я финанс хэкIыпIэу щыту щIыпIэ бюджетым и мылъкухэр зыIэрыхьэхэм къалэн зыщащIыжахэр ахъшэкIэ щIагъэбыдэн папщIэ зыхуеинухэм хуэдиз ирату, ауэ муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и цIэкIэ хьэпшыпхэр кърагъэшэным, лэжьыгъэхэр зэфIэгъэкIыным, Iуэхутхьэбзэхэр ящIэным хуэгъэзауэ зэращIылIа муниципальнэ контрактхэр ягъэзэщIэн папщIэ щIыпIэ бюджетым и мылъкухэр екIуэкI финанс илъэсым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу къамыгъэсэбэпу къэна ахъшэри къэлъытауэ, щIимыгъун хуэдизу. Ахэр а муниципальнэ контрактхэм финанс илъэс блэкIам щыубзыхуауэ щытахэм ирагъэзэгъын хуейщ. 9. Мы унафэм и 8-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуауэ хуаутIыпщ, бюджет мылъкухэм хагъэхъуэн мурадкIэ республикэ бюджетым и мылъкухэр нэхъыщхьэу зезыгъакIуэхэм бюджет мылъкухэм хагъэхъуэнымкIэ къыхалъхьэнухэр ягъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФинансхэмкIэ и министерствэм игъэува хабзэмрэ пщалъэхэмрэ тету муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэхэм я финанс органхэм къабгъэдэкIа хъыбархэр я лъабжьэу. 10. Муниципальнэ къызэгъэпэщыныгъэм и цIэкIэ хьэпшыпхэр къегъэшэным, лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэным, Iуэхутхьэбзэхэр ящIэным теухуауэ зэращIылIа муниципальнэ контрактхэм трагъэкIуэдэн папщIэ хуаутIыпща субсидиехэм ящыщу екIуэкI финанс илъэсым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу къамыгъэсэбэпу къэнахэм нэхърэ нэхъыбэ екIуэкI финанс илъэсым субсидиехэм щыхагъахъуэхэм деж зэгурыIуэныгъэм хагъэхьэ, блэкIа финанс гъэм субсидиехэр къызэрагъэсэбэпам кърикIуахэр къалъытэ екIуэкI финанс илъэсым ират зэрагъэтэмэмым (зэрыхагъахъуэм) къыдэкIуэу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:06 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
14.03.2025 - 14:14 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
13.03.2025 - 11:23 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
12.03.2025 - 11:44 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
10.03.2025 - 14:01 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
|