Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Лэжьыгъэмрэ къагъэсэбэпхэмрэ я кIэрыху-бжьэрыхухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Лэжьыгъэмрэ къагъэсэбэпхэмрэ я кIэрыху-бжьэрыхухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Налшык къалэ
2025 гъэм щIышылэм и 30-м
№100-П-П

 

 «Лэжьыгъэмрэ къагъэсэбэпхэмрэ я кIэрыху-бжьэрыхухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2025 гъэм щIышылэм и 30-м 

1-нэ статья
«Лэжьыгъэмрэ къагъэсэбэпхэмрэ я кIэрыху-бжьэрыхухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №78-РЗ-уэ 2008 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www. pravo.gov.ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 2-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къару имыIэжу къэлъытэн.
2. 2-нэ Iыхьэм зэреджэм «ГъэзэщIакIуэ властым и органхэр» псалъэхэр «ГъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын
3. 5-нэ статья.
1) зэреджэ «ГъэзэщIакIуэ властым и органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
2) 1-нэ Iыхьэм:
а) 2-нэ пунктым «гъэзэщIакIуэ властым и органым» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
б) 5-нэ пунктым «гъэзэщIакIуэ властым и органым» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
3) 2-нэ Iыхьэм:
а) япэ абзацым «гъэзэщIакIуэ властым и органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; 
б) 6-нэ, 21-нэ пунктхэм къару ямыIэжу къэлъытэн.
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт 2025 гъэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Налшык къалэ
2025 гъэм мазаем и 17-м
№2-РЗ 

Поделиться: