Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм и лIыхъужь, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и унафэщI Орлов Артур. Ар хэтащ КъБР-м и щIалэгъуалэр гъэгушхуэнымкIэ, щIэныгъэм, спортым, жылагъуэ Iуэхум, щэнхабзэм дегъэхьэхыным тещIыхьа Iуэхугъуэ зыбжанэм. Зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хэт ныбжьыщIэхэм ящIыгъуу Орловыр еблэгъащ спортымкIэ «Пять колец» академием. Абдеж спорт зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIащ. ИужькIэ Орловыр еблэгъащ НыбжьыщIэхэм я театрым. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щригъэкIуэкIащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ къэрал зэгухьэныгъэм зэрадэлэжьэнур зыубзыху советым и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и министрхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр. Ди Iэтащхьэм хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ республикэм къыхуащI гулъытэм, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэмрэ хэлъэт зиIэхэмрэ гъуэгу етынымкIэ сэбэп зэрыхъум щхьэкIэ. - ЩIэблэр гъэсэным, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ яхузэфIэкIынухэр гъэунэхуным, жылагъуэ Iуэхум дегъэхьэхыным гулъытэшхуэ щегъуэт республикэм. Абы тещIыхьауэщ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрыщызэдгъэпэщари. Иужьрей илъэс зыбжанэм къриубыдэу щIэблэм яхуэгъэза Iуэхугъуэ куэд зэтедублащ, республикэм щолажьэ щIалэгъуалэ IуэхущIапIэ зэпыщIахэр. Ахэм ирагъэкIуэкI зэIущIэхэм, зэпеуэхэм, къыхалъхьэ жэрдэмхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Апхуэдэщ «Большая перемена» зэпеуэри. Республикэм аргуэру щIалэгъуалэ центрищ къыщызэIудох: Налшык къалэм, Май, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм. Проектышхуэхэр къытпэщылъщ. Мы гъэм къызэIутхын хуейщ «Эльбрус» щIалэгъуалэ лагерыр. КъБР-м гъэзэщIа щыхъу щIалэгъуалэ Iуэхухэм папщIэ фIыщIэ хуэфащэщ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм. Абы и къудамэ 294-рэ щыIэщ республикэм и щIыналъэхэм. И сайтым кIэлъоплъ цIыху мин 55-м щIигъу. Зэгухьэныгъэм интернетым щиIэ сайтым платформэ щхьэхуэ хэтщ сабий, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм яхухэхауэ. Зэгухьэныгъэр зэлэжь проект нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» фIэщыгъэр зиIэр. Ар къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми щапхъэ яхуэхъуащ. Проектым куэду хэтщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я бынхэр. Мы Iуэхур сэбэп мэхъу СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъунымкIи. Псори дызэрыщыгъуазэщи, мы гъэм илъэс 80 ирокъу Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ. Ди къэралым и Президент Путин Владимир и унафэкIэ мы гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу ягъэуващ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм хэлэжьыхь щIалэгъуалэр жыджэру хэтынущ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным ехьэлIа къалэнхэм хеубыдэ тхыдэм и пэжыр ягурыгъэIуэнри. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къыщызыхьар совет сэлэтхэрщ, ди дзэрщ. Ди ныбжьыщIэхэр щыгъэгъуэзэн хуейщ фашизмэм и лъабжьэр щIэзуда ди цIыхухэм я лIыхъужьыгъэм. Ноби ди къэралым и щIыхьыр яхъумэ щIалэ хахуэхэм. ЩIэблэм я къэкIуэну дахэрщ ахэр зыщIэбэныр. Быдэу ди фIэщ мэхъу, дыпоплъэ текIуэныгъэр къахьауэ я унагъуэхэм екIуэлIэжыну, - жиIащ КIуэкIуэм. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и проект щхьэхуэхэм, нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIхэм теухуауэ къэпсэлъащ Орлов Артур. - ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа проектышхуэхэм ящыщщ «Дэ Урысейм дрицIыхущ» урысейпсо программэр. Ар сэбэпщ балигъыпIэ иувэ ныбжьыщIэхэм къэрал дэфтэр нэхъыщхьэр – паспортыр - зэрыратыр гукъинэж ящыхъунымкIэ. НыбжьыщIэхэм дэфтэр нэхъыщхьэр иратыж къэрал лэжьакIуэхэм, къулыкъущIэхэм. Си гугъэщ ар гукъинэ ящыхъуу, - жиIащ абы. КъытеувыIащ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» Iуэхуми. Орловым къыхигъэщащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм кIуэ пэтми зэрызиужзьыр. Ар федеральнэ программэхэм хэтын папщIэ чэнджэщхэри яритащ. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр кIуэтэнымкIэ къэралыр, республикэр сэбэп зэрыхъум теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. Зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм илэжьхэм, зыхунэсахэмрэ мурадхэмрэ игъэбелджылащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн. ЕтIуанэ махуэм ди Iэтащхьэр яIущIащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агенствэм и унафэщI Гуров Григорийрэ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и унафIэщI Орлов Артуррэ. Абы щытепсэлъыхьащ «Регион для молодых» федеральнэ программэм, щIалэгъуалэр жылагъуэ Iуэхум хэшэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ ахэр унэтIынымкIэ щыIэ къэрал программэхэм. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ «Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым «Династия героев», «Зарницы 2.0» дзэ-хэкупсэ проектхэм псом хуэмыдэу гулъытэ зэрыхуащIынур.
Поделиться:
Читать также:
27.12.2025 - 09:58 →
Парламентым щагъэлъапIэ
01.11.2025 - 12:29 →
ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ
01.11.2025 - 11:50 →
Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь
04.10.2025 - 15:47 →
ЛIыхъужьхэм яIуощIэ
06.09.2025 - 10:55 →
ПсэукIэ тынш къызэрагъэпэщ
| ||





