Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и зэхэлъыкIэр къэщтэн.

2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэ №338-РГ-м къару имыIэжу къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2025 гъэм мазаем и 12-м

№14-РГ

 

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

                                 Унафэ

2025 гъэм мазаем и 10-м        Налшык къалэ    №11-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м къыдигъэкIа унафэ №86-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: