Лъэпкъ щIэиным и мыхьэнэрУФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ. Ар хэтащ «Лъэпкъ щIэин: цIыхубэ щэнхабзэм и тхыпхъэхэмрэ и макъхэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуаха дауэдапщэм. Гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI республи- кэм и къалащхьэм дэт Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и гъусэу, Президентым и лIыкIуэр еплъащ IэрыщI гъуазджэм хуэIэкIуэлъакIуэу щIына- лъэм исхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри лъэпкъ щIэиныр зэрыбейм, абы лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэрызиубгъум и щыхьэту къэуващ. Ахэр зэращIыр абдеж дыдэм щагъэува экранхэм къыщагъэлъэгъуащ.
Поделиться:
Читать также:
10.11.2026 - 17:30 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
26.10.2026 - 16:04 →
Къафэр зи псэм хэлъ
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
| ||




