ЩIымахуэм и тхыпхъэ зэхуэмыдэхэр хэпхъат, къабзагъэр ешэкIат, адыгэ псалъэм и къару лъэщыр щызэщIэгъэуIуат, усыгъэм хэлъ щэхухэмрэ пэжымрэ щабэу пхышыжат мы тхыгъэмкIэ зэ фызыхэтшэжыну пшыхьым, Iэгуауэншэ пшыхьым. Щхьэ Iэгуауэншэт?! Хуэныкъуэтэкъым абы. Усыгъэ къарукIэ гупсысэм и щыгум удэкIа нэужь, щымыныр къыхыбох. Утетщ а щыгум, ауэ укъеплъыхыркъым, атIэ уи хъуреягъыр къыбоплъыхь. Ар сыту телъыджэ!
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм жэрдэм ищIри, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил и усыгъэ пшыхь. Ар иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат.
Пшыхьыр къызэIуахащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ. Налшык дэт еплIанэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэр зэпэджэжащ псынщIэрыпсалъэхэмкIэ.
- ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэм хэпсэукI, щыусэ, ауэ и гупсысэм адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэшхуэр къызэщIиубыдэрэ псэ-кхъузанэм щIигъэкIыу, абы щIэкIамрэ къинамрэ зэпилъытыжрэ, зэрыщытымрэ зэрыщытын хуеймрэ къыхиха гупсысэр усэбзэкIэ къэзыIуэтэжу къэгъуэгурыкIуэ усакIуэщ ХьэIупэ ДжэбрэIил. Нобэрей цIыхущ, иджырей усакIуэщ, ауэ къуэпсыбэкIэ пыщIащ пхужымыIэну къулей ди IуэрыIуатэм, гуфIэгъуэм ебэкI гуауэкIэ гъэнщIа ди тхыдэм и блэкIам, екIуэкI гъащIэм икIи акъыл жанкIэ хоплъэ ди къэкIуэнум, - жиIащ Табыщ Мурат, пшыхьым еплъхэр усакIуэм и дунейм псалъэкIэ хишэу.
- IуэрыIуатэм и жьэгур, иджыри мыужьыхыжа мафIэр дэлъу, къыхуигъэнат абы и адэшхуэ ПащIэ Бэчмырзи, ДжэбрэIил къыкъуэкIащ а жьэгум хуабэр зэрыщихъумэн гуащIэ, акъыл, гупсысэ, щIэныгъэ, псалъэ. Абы хэлъхьэжын хуейщ зэрымакъамэтхыр, нарт пшыналъэхэм лъандэрэ усэ макъамэм еса, ар зи лъым къыхэна адыгэм и къуэ пэжу зэрыщы-тыр. ДэщIыдгъуж хъунущ графикэ жыпхъэм иту и усэхэм Iэзэу сурэт зэрахуищIыжыр. Лъэпкъ гъуазджэм и теплъэ псори зи гущхьэм щызыгъафIэ, зи гупсысэм щызэпха ХьэIупэ ДжэбрэIил, усакIуэфI диIэхэм яхэмызэрыхьу, езым и псалъэрэ и жыIэкIэрэ иIэжу адыгэ поэзием и жьантIэр къилэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ХьэIупэ ДжэбрэIил зэрызыкъыхуигъэза тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым: «ПщIэ зыхуэтщI ди нэхъыжь лъапIэ! Уи усыгъэм иращIэкI пшыхь дахэм ирихьэлIэу псалъэ гуапэкIэ зыпхуэзгъэзэну сыхуейщ. Уи гъащIэ гъуэгур и щапхъэщ узытетыну къыхэпха Iуэхум, IэщIагъэм гурэ псэкIэ ухущытын зэрыхуейм. Акъыл зыхэлъ уи гупсысэхэр, уи цIыху хэтыкIэ дахэр, уи IуэхущIафэхэр цIыхубэм я псэм дохьэ. Илъэс куэд хъуауэ дыбогъэгуфIэ уи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ. УсакIуэм, макъамэджым, композиторым я дунейр зыхэщIэ лъагэкIэ нэIурыт бощI. КуэдкIэ ар хэлъхьэныгъэ хуэхъуащ ди республикэм и щэнхабзэм зиужьынми. КъэбгъэщIа художественнэ тхыгъэ-хэр лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ хъуащ. Уи усэхэм ди гупсысэр къагъэуш, ди псэр ягъэнщI, хуабагъэрэ гугъэрэ къыдат. Уи Iэдакъэм къыщIэкIа макъамэхэрщи, дахагъэр зыщыз дуней псо ирокъу! Ноби творческэ хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрыбгъэщIым дрогуфIэ. Уи зэфIэкI лъагэхэм, цIыхухэм я псэхэр зэрыпхьэхуам щыхьэт тохъуэ къыпхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэри. ФIыщIэ ин пхузощI Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хэплъхьа лэжьыгъэшхуэм папщIэ. Узыншагъэ быдэ уиIэу, уи мурадхэр къохъулIэу, узыхэтхэм пщIэ къыпхуащIу, уи Iыхьлыхэм я лъагъуныгъэр зыхэпщIэу Тхьэм уигъэпсэу!»
Къуэшырокъуэр усакIуэм ехъуэхъуащ узыншагъэ иIэу лъэпкъ щэнхабзэм, литературэм куэдрэ хэлэжьыхьыну.
Пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Бзэм и пIалъэр фIыуэ ищIэу, абы ирилажьэу, фIы дыдэу игъэшэрыуэу диIэхэр апхуэдэуи куэд дыди хъуркъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. ДжэбрэIил ящыщщ бзэр нэсу зыхэзыщIэ, хуиту ирипсалъэ, абы и къарур цIыхубэми захезыгъащIэхэм. Адыгэ театрым сыкъыщыкIуам япэу згъэзэщIа ролым ХьэIупэ ДжэбрэIил и Iуэху хэлъщ. Дыгъужьым и уэрэд жысIауэ щытащ икIи сыгурымурэ. Псалъэри макъамэри ДжэбрэIил схуитхат. Мис ар IэфIу сигу къэкIыжащ. Абы и ужькIи ДжэбрэIил и усэхэр куэдрэ щIэзджыкIащ, зэзгъэщIащ, си лэжьыгъэми къыщызгъэсэбэпащ. Сыту жыпIэмэ, икъукIэ си гум дохьэ.
«ДжэбрэIил, уи усэмрэ уи макъамэмрэ зэхуэпшэн щхьэкIэ зы макъамэ Iэмэпсымэ щIагъуэ ухуейщ. Мис ар къыпхуэту къысфIэщIати, къыпхуэсхьащ нобэ», - жиIэу шыкIэпшынауэ Iэзэ Еуаз Зубер иригъэщIа шыкIэпшынэр щритым, ДжэбрэIил къыхигъэщащ Зубер езым зэрыригъэджар.
Узыншагъэ иIэу лъэпкъым куэдрэ хуэлэжьэну нэхъыжьыфIым ехъуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Дыгулыбгъуей къуажэм Цагъуэ Нурий и цIэр зэрихьэу дэт ебгъуанэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Нэзэр Марьянэрэ Налшык къалэм дэт еплIанэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Уэркъуасэ Иринэрэ пшыхьым усэ къыщеджащ. ЕгъэджакIуэхэр усакIуэм ехъуэхъуащ узыншэу къалэмыр куэдрэ иIыгъыну.
ХьэIупэ ДжэбрэIил пшыхьым къыщеджащ «Iэгуауэншэ пшыхь» тхылъым ит усэхэм ящыщхэм. Ахэр теухуащ лъэпкъым, адыгэбзэм, адэ-анэм, анэшхуэ-адэшхуэм, гухэлъым, щIыуэпсым, сабиигъуэм, щIалэгъуэм, жьыхъугъуэм, макъамэм… Куэдым, куэдым. Усэхэм нэщхъеягъэ зэшэкIа, блэкIам ухуэзыгъэзэш, пасэрейм ухуезыгъэплъэкI гупсысэхэр куэду яхэтщ. ГъэщIэгъуэнщ, сатырхэм къыхэщ апхуэдэ «зэшым» гъащIэм и плъыфэ псори зэбгъэлъагъуну, и уэрам псоми зыщуплъыхьыну уехъуэпсэн хуэдизу уи гур къызэрызэщIиIэтэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, усакIуэм и псэм хьэлъэу телъ Iуэхугъуэ гуэрхэм щIагъыбзэкIэ хэгъэпщкIуащ гурыфIыгъуи. Сыту жыпIэмэ, дэщIыгъущ акъыли, гукъэкIыжи, насып зыхэта Iуэхугъуэ гуэрхэри. Абы теухуауэ и зы уси щапхъэу къэтхьынщ:
СыкIэрыщIауэ сфIэкIуэдыж
Си гукъыдэж,
Уи ужьыр хъуащ дунейкъутэж,
Сыхэмыдэж…
Къысхудэшейкъым си Iур зыс
ПсалъитIым яз…
Си уэнжакъыпэм Iугъуэр ез
Иджы жэщ къэс.
… ГуфIэгъуэр Iугъуэм
хыхьэжащ,
Сыдохъуэпсей.
КъыстепIэ зэш, къысхуэна
жэщ,
Зэманыр зей.
ХьэIупэ ДжэбрэIил пшыхьым къызыщеджа усэхэм яхэтщ бзэм и IэфIи, фызабэм и гуауи, псэм и щытыкIи, а щытыкIэм щIыуэ-псыр зэрыпэджэжми укIэлъызыгъэплъ гупсысэхэр щызэхэухуэна. Сатырхэм усакIуэм и псэр къытещ хуэдэщ:
Къафэ - уэрэдыр зи
шэщIыгъуэ,
Вагъуэзэшиблым япсыхьа,
Гупсыси хъуапси зэдэщIыгъуу
Соплъэж уи тхыдэ зэхисхьам.
Соплъэжри, щихухэр
щыуфафэм,
Фызабэ сфIэщIу, согужьей…
Ежьур щесшажьэм си псэм
фIэфIу,
Къуршыжьхэм я щхьэр
дражьей.
Сыхудоплъей а къурш
щхьэмажьэ
Пщэдджыжь дыгъэпс
зызыукъуэдийм,
Мо хьэрш телъыджэм и зы
лъащIэ
МазэщIэм щищIым лъабэдий!
ДахэжыIэлэм сыщошынэ…
Адыгэш палъэу сиIэ бзэ!
ПтесшащIэ бзэпсым
дэпщIыпщI пшынэм
Нэрынэ защIэу хэпхъащ псэр.
- ХьэIупэм и адыгэбзэ къулейр зи фIыщIэр щысабийм ар къыIурызылъхьа анитIырщ, зи псэлъэкIэ зэхиха гъунэгъу-къуажэгъухэрщ. Нобэми, лъагъуныгъэм гумащIагъэри къыхэщу, игу къегъэкIыж щалъхуа, къыщыхъуа Нартан, ГъукIэжьейкIэ зэджэ и хьэблэм дэса цIыху хьэлэмэтхэм я псэлъэкIэу, гушыIэкIэу щытар. А адыгэбзэ дахэр усэбзэ зэщIэпщIыпщIэ-зэтепщIыпщIыкIым хуэзыгъэкIуар щIэныгъэмрэ набдзэгубдзаплъагъэмрэ дунейм щекIуэкI псоми псэкIэ зэрыпэджэжыр гъусэ яхуэхъужу, гупсысакIуэ щытыкIэм зэриуварщ. И щIэныгъэм щыщщ усэ тхыкIэм и щэхухэр дунейпсо поэзием «къызэрыхилъагъукIар», - апхуэдэу жиIащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIам усакIуэм и бзэм, абы и къежьапIэм теухуауэ. Мурат и гупсысэм анэм теухуа зы усэкIэ къыпытщэ хъунущ:
Уэрэдыпкъыу сэ къэзгъанэм
Хэлъщ си анэм и псэр,
И гупсысэр щылъщ аргъынэу,
Схузэтелъхьэм къабзэу.
А аргъынэм и лъэужьым
Шхий къытенэм епщэу
ЛъапцIэрыщэу тет акъужьым
ЖиIэфынур дапщэ?!
Сыубгъу гъуэгум дежэх
псынэм
Щихур хоIущащэ…
Уэрэдыпкъэу сэ къэзгъанэм
Ящыгъ цейр лъэпкъ фащэщ.
ЩIымахуэм ткIий зыкъыщи-щIа уэсылъэ пщыхьэщхьэу екIуэкIа Iуэху дахэр гъэнщIат анэдэлъхубзэм и IэфIкIэ, лъэпкъ гупсысэкIэ, гъащIэм и пэжкIэ. Усэхэм урашэрт лъахэ куэдым, уагъэлъагъурт дуней зэмыщхьхэр, уагъэгуфIэрт, уагъэнэщхъейрт, уагъэгупсысэрт. Усэхэм щызыхэпщIэрт псалъэм къарууэ бзэр зэрыщIэлъыр, ар макъамэми зэрыпэгъунэгъур.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.